Wt/kbd/ӏэмыщӏэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ʔɐ'mǝɕʹɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [ӀэмыщӀ] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | ӀэмыщӀэ | ӀэмыщӀэр | -- | ӀэмыщӀэхэр |
Эргативнэ: | ӀэмыщӀэ | ӀэмыщӀэм | -- | ӀэмыщӀэхэм |
Послеложнэ: | ӀэмыщӀэкӀэ | ӀэмыщӀэмкӀэ | ӀэмыщӀэхэкӀэ | ӀэмыщӀэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | ӀэмыщӀэу | ӀэмыщӀэрауэ | ӀэмыщӀэхэу | ӀэмыщӀэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Ӏэгу зэтелъ, зэтекъуза, ӀэкӀуэцӀ.
- ӀэмыщӀэм ихуэ, ӀэмыщӀэм из, Ӏэм ӀэщӀэхуэ, ӀэмыщӀэщыз
ЩАПХЪЭХЭР
- Унэм сыкъэсыжу си ӀэмыщӀэр щызэтесхыжам си дыщэ тумэным псыр къыпыжырт, си Ӏэгур пщӀэнтӀауэ бахъэр кърихырт. Нало Заур
- Уи ӀэмыщӀэ имылъым ущымыгугъ. Псалъэжьхэр
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- ӀэмыщӀэр зэтекъузэн.
- Нартыху ӀэмыщӀэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- ӏэмыщӏэ: 1. the palm of one’s hand, fist 2. handful, fistful
- ӀэмыщӀэр зэтекъузэн: squeeze your fist
- Нартыху ӀэмыщӀэ: a handful of maize (corn)
УРЫСЫБЗЭ
- ӏэмыщӏэ: 1. горсть; кулак 2. горсть чего-л.
- ӀэмыщӀэр зэтекъузэн: зажать кулак
- Нартыху ӀэмыщӀэ: горсть кукурузы
псалъафэ зэпыщӀахэр
[И] ӀэмыщӀэ къитӀэсэн (къихуэн)
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: be sb’s subordinate, be under sb’s command Урысыбзэ: оказаться в чьём-л. подчинении. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ӀэмыщӀэм игъэтӀысхьэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: subdue someone; take the reins of power in your own hands. Урысыбзэ: подчинить кого-л.; взять бразды правления в свои руки. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
[И] ӀэмыщӀэм иубыдэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: subdue someone; take the reins of power in your own hands. Урысыбзэ: подчинить кого-л.; взять бразды правления в свои руки. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ӀэмыщӀэм илъын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: be under sb’s command or control, be sb’s subordinate Урысыбзэ: находиться в подчинении. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.