Wt/kbd/ӏуэху

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > ӏуэху

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [ʔʷɐxʷ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [Ӏуэху]

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: Ӏуэху Ӏуэхур -- Ӏуэхухэр
Эргативнэ: Ӏуэху Ӏуэхум -- Ӏуэхухэм
Послеложнэ: ӀуэхукӀэ ӀуэхумкӀэ ӀуэхухэкӀэ ӀуэхухэмкӀэ
Обстоятельственнэ: Ӏуэхуу Ӏуэхурауэ Ӏуэхухэу Ӏуэхухэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Лэжьыгъэ, псалъэ, гупсысэ мыхъуу ягъэзащӀэ Ӏуэхугъуэ.
  2. Зыгуэрым ехьэлӀа, и къалэным хыхьэ.
  3. КъэхъукъащӀэ, Ӏуэхугъуэ гуэрым теухуа хабзэкӀэ зэхэгъэкӀыныгъэ.
  4. ЩытыкӀэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Ӏуэху мыублэ блэ хэсщ. Псалъэжьхэр
  • Уи мыӀуэху зепхуэмэ, уи щхьэм баш техуэнщ. Псалъэжьхэр
  • АдэкӀэ Залымджэрий къыжиӀащ фронт псоми Ӏуэхур зэрыщыщытыр. Къашыргъэ ХьэпащӀэ

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Ар сэ си Ӏуэхуу къызолъытэ.
  • Судыр иджыри зэ Ӏуэхум хэплъэжащ.
  • Заводым Ӏуэхур щыщӀагъуэтэкъым.
  • ӀуэхуфӀ

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • ӏуэху: 1. practical activity; work; occupation, labour 2. affair, business, matter, things (sth directly concerning sb or sth) 3. trial, hearing, case, proceedings (for example, in the courts) 4. state of affairs, situation
  • Ар сэ си Ӏуэхуу къызолъытэ: I consider this to be my business.
  • Судыр иджыри зэ Ӏуэхум хэплъэжащ: the court considered the case one again.
  • Заводым Ӏуэхур щыщӀагъуэтэкъым: Business at the factory was not doing well.
  • ӀуэхуфӀ: a good thing
УРЫСЫБЗЭ
  • ӏуэху: 1. практическая деятельность; работа, занятие, труд 2. дело (то, что непосредственно касается кого-чего-л.) 3. дело, разбирательство (напр. судебное) 4. положение вещей, обстановка
  • Ар сэ си Ӏуэхуу къызолъытэ: я считаю это своим делом.
  • Судыр иджыри зэ Ӏуэхум хэплъэжащ: суд рассмотрел дело еще раз.
  • Заводым Ӏуэхур щыщӀагъуэтэкъым: На заводе дела шли неважно.
  • ӀуэхуфӀ: хорошее дело

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.