Wt/kbd/ӏуфэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
ӏуфэ
-
ӏуфэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['ʔʷǝfɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [Ӏу] + [ф] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | Ӏуфэ | Ӏуфэр | -- | Ӏуфэхэр |
Эргативнэ: | Ӏуфэ | Ӏуфэм | -- | Ӏуфэхэм |
Послеложнэ: | ӀуфэкӀэ | ӀуфэмкӀэ | ӀуфэхэкӀэ | ӀуфэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | Ӏуфэу | Ӏуфэрауэ | Ӏуфэхэу | Ӏуфэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Псы, тенджыз с. ху. къайдзылӀа, ахэр зыпыхьэ, зэуалӀэ щӀыгъунэ.
- Зыгуэрым и гъунэ, нэз.
- И гъусэрейхэр, и пэшэгъухэр, и ӀупэфӀэгъухэр.
ЩАПХЪЭХЭР
- Бажэм бдзэжьей псори и гъуэм ихьыжащ, гъуэ Ӏуфэм ӀутӀысхьэжащи, бдзэжьей ешхри Ӏусщ. Дыщэ кӀанэ, сборник
- Щхьэж и Ӏуфэм и фэгъущ. Псалъэжьхэр
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 78 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Ди къуажэр Налшык псы Ӏуфэм Ӏусщ. | Наша деревня стоит на берегу реки Нальчик. | Our village is beside the bank of the Nalchik River. |
нап. 98 | ||
Псы Ӏуфэхэм къыщыдокӀухь. | Мы ходим по берегам рек. | We walk along the river bank. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Хы ФӀыцӀэ Ӏуфэ.
- Тэрч Ӏуфэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- ӏуфэ: 1. bank, shore 2. edge, extreme part of sth 3. sb’s entourage, sb’s company
- Хы ФӀыцӀэ Ӏуфэ: the shore of the Black Sea
- Тэрч Ӏуфэ: the banks of the Terek River
УРЫСЫБЗЭ
- ӏуфэ: 1. берег 2. край, крайняя часть чего-л. 3. чьё-л. окружение, чья-л. компания
- Хы ФӀыцӀэ Ӏуфэ: берег Черного моря
- Тэрч Ӏуфэ: берег Терека
псалъафэ зэпыщӀахэр
Псы Ӏуфэ мылу зыӀуегъэхын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: get out of sight, go out of sight Урысыбзэ: убраться, уйти с глаз долой. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Ӏуфэр къэжыхьын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: 1. flirt with sb, go after sb 2. fawn, curry favor with sb, grovel before sb. Урысыбзэ: 1. увиваться за кем-л. 2. подхалимничать, пресмыкаться перед кем-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.