Wt/kbd/ӏулъхьэн

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > ӏулъхьэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [ʔʷǝ'ɬħɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • Ӏу- + [лъхь] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. Зыгуэрым и гупэм, ӀуплъапӀэм деж зыгуэр щыгъэтӀылъын.
  2. Ӏугъэувэн, хэгъэувэн (п. п. рамэм абдж).
  3. Зыгуэр зыгуэрым ӀупӀэн, зыгуэрым ехьэлӀэн.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Псы Ӏуфэм яхьри къэпым илъу Ӏуалъхьащ [Хъуэжэ], яубэрэжьу псым хадзэжыну. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
  • Пщащэр цӀыплъ къэхъуати, и Ӏэр и нэкӀум Ӏуилъхьэри къэпсэлъащ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Щхьэгъубжэ Ӏулъхьэн.
  • Дзэ Ӏулъхьэн.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • ӏулъхьэн: 1. put sth swh near and in front of sth 2. put or insert sth in sth (for example, glass) 3. touch sth to the front of sth (for example, your hand to your face).)
  • Щхьэгъубжэ Ӏулъхьэн: put in a window
  • Дзэ Ӏулъхьэн: put in a tooth
УРЫСЫБЗЭ
  • ӏулъхьэн: 1. положить что-л. где-л., около чего-л. спереди 2. вставить что-л. во что-л. (напр. стекло) 3. приложить что-л. к чему-л. спереди (напр. руку к лицу)
  • Щхьэгъубжэ Ӏулъхьэн: вставить окно
  • Дзэ Ӏулъхьэн: вставить зуб

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.