Wt/kbd/ӏугъэкӏын

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > ӏугъэкӏын

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [ʔʷǝʁɐ'tʹʂǝn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • ӏу- + гъэ- + [кӏ] + -ы + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. ӏукӏын псалъэм и каузатив.
  2. Ӏуэху зыщищӀэр, зыгуэрым и ӀэнатӀэр, лэжьыгъэр, къулыкъур къеӀыхын.
  3. Зыгуэр укӀын, гъэкӀуэдын.
  4. Зыгуэр шхын.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Бетэмал-жи, усщӀыгъуатэм, ТӀурикӀ зэуэ ӀудгъэкӀат. Акъсырэ Залымхъан
  • Зы тхьэмахуэ иримыкъум [джэдум] дзыгъуэу ӀуигъэкӀар щэ ирикъунщ. Борыкъуей ТӀутӀэ

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • БжэӀупэм ӀугъэкӀын.
  • ИмыщӀэу ӀугъэкӀын.
  • къызэр.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • ӏугъэкӏын: 1. causative for ӏукӏын: have, make or let move away from sb or sth (walking, driving or riding); have, make or let leave, depart from swh (about transport); have, make or let leave, quit a job; have, make or let open up; have, make or let die, pass away 2. fire or dismiss sbh from their job 3. remove, kill or take out sb. 4. eat or devour sb or sth
  • БжэӀупэм ӀугъэкӀын: have, make, or let move away from the part of the yard located nearest the house.
  • ИмыщӀэу ӀугъэкӀын: have depart without knowing.
УРЫСЫБЗЭ
  • ӏугъэкӏын: 1. каузатив к ӏукӏын: заставить отойти от кого-чего-л.; заставить отойти, отъехать, отправиться от чего-л. (о транспортных средствах); заставить уйти, уволиться с работы; заставить открыться, отвориться; заставить отойти, умереть 2. освободить кого-л. от работы 3. убрать, убить кого-л. 4. съесть кого-что-л.
  • БжэӀупэм ӀугъэкӀын: заставить отойти от части двора, расположенная непосредственно у дома
  • ИмыщӀэу ӀугъэкӀын: не зная, заставить отправиться

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.