Wt/kbd/экспедицэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
< урысыбзэ: экспедиция < латиныбзэ: expeditio = экспедиция, теуэныгъэ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ɛkspe:di:tsɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [экспедиц] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | экспедицэ | экспедицэр | -- | экспедицэхэр |
Эргативнэ: | экспедицэ | экспедицэм | -- | экспедицэхэм |
Послеложнэ: | экспедицэкӀэ | экспедицэмкӀэ | экспедицэхэкӀэ | экспедицэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | экспедицэу | экспедицэрауэ | экспедицэхэу | экспедицэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ЦӀыху гуп, отряд с. ху. къалэн пыухыкӀа яӀэу ежьэныгъэ, къакӀухьыныгъэ.
- Апхуэдэу ежьа, къэзыкӀухь гуп, отряд.
ЩАПХЪЭХЭР
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Научнэ экспедицэ.
- Экспедицэ ежьэн.
- Экспедицэм ӀуэрыӀуатэ зэхуахьэс.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- экспедицэ: 1. expedition, trip, hike 2. expedition, group, detachment
- Научнэ экспедицэ: scientific expedition
- Экспедицэ ежьэн: go on an expedition
- Экспедицэм ӀуэрыӀуатэ зэхуахьэс: the expedition is collecting folklore
УРЫСЫБЗЭ
- экспедицэ: 1. экспедиция, поездка, поход 2. экспедиция, группа, отряд
- Научнэ экспедицэ: научная экспедиция
- Экспедицэ ежьэн: поехать в экспедицию
- Экспедицэм ӀуэрыӀуатэ зэхуахьэс: экспедиция собирает фольклор
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.