Wt/kbd/щӏэтӏысхьэн

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > щӏэтӏысхьэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [ɕʹɐtʹǝs'ħɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • щӀэ- + [тӀыс] + -хь + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. Псэуалъэ гуэрым е зыгуэрым и щӀагъым, и лъабжьэм щытӀысын.
  2. УщӀэпсэухьын мурадкӀэ Ӏэпхъуэн (унэм).
  3. ЗыщӀыпӀэ щеджэхэм ящыщ хъун.

ЩАПХЪЭХЭР

  • — Сэ щихъ сымыхъуауэ сыкъыщӀэкӀынкъым, — жиӀэри мурад быдэ ищӀри [Хъуэжэ] мэжджытым щӀэтӀысхьащ. Хъуэжэ и таурыхъищэ
  • Къуажэ школым щеджа нэужь, [Лу] Бурун дэт школым щӀэтӀысхьащи, щоджэ и пыӀэр щхьэрыхауэ. КӀыщокъуэ Алим

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Фэтэр щӀэтӀысхьэн.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • щӏэтӏысхьэн: 1. sit down swh (indoors), under sth 2. move in, settle swh 3. enroll swh to study
  • Фэтэр щӀэтӀысхьэн: move into a flat
УРЫСЫБЗЭ
  • щӏэтӏысхьэн: 1. сесть где-л. (в помещении), подо что-л. 2. вселиться куда-л. 3. поступить куда-л. учиться
  • Фэтэр щӀэтӀысхьэн: вселиться в квартиру

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.