Wt/kbd/щхьэфэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
щхьэфэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['ɕħɐfɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [щхь] + -э + [ф] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | щхьэфэ | щхьэфэр | -- | щхьэфэхэр |
Эргативнэ: | щхьэфэ | щхьэфэм | -- | щхьэфэхэм |
Послеложнэ: | щхьэфэкӀэ | щхьэфэмкӀэ | щхьэфэхэкӀэ | щхьэфэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | щхьэфэу | щхьэфэрауэ | щхьэфэхэу | щхьэфэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Щхьэм телъ фэ.
- Зыгуэрым и гущӀыӀу Ӏыхьэ.
- Шхуэм е нахъутэм щыщ Ӏыхьэу шы щхьэпхэтӀыгум дэшеяуэ фӀалъхьэ фэ кӀапсэ зэпыда.
ЩАПХЪЭХЭР
- ФащӀэм нахъутэ щхьэфэ гуэр къищтэри нахъутэкӀ иридащ. Черкес ӀуэрыӀуатэхэр
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Щхьэфэр техын.
- ЩӀы щхьэфэ.
- Шхуэ щхьэфэ.
- Нахъутэ щхьэфэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- щхьэфэ: 1. scalp, skin of the head 2. surface of sth (for example, of the Earth) 3. the upper belt part of a bridle or halter
- Щхьэфэр техын: remove one's scalp.
- ЩӀы щхьэфэ: the surface of the earth
- Шхуэ щхьэфэ: the upper belt of a bridle
- Нахъутэ щхьэфэ: the upper belt of a halter.
УРЫСЫБЗЭ
- щхьэфэ: 1. кожа головы 2. поверхность чего-л. (напр. земли) 3. верхняя ременная часть уздечки или недоуздка
- Щхьэфэр техын: снять кожу головы.
- ЩӀы щхьэфэ: поверзность земли.
- Шхуэ щхьэфэ: верхняя ременная часть уздечки
- Нахъутэ щхьэфэ: верхняя ременная часть недоуздка
псалъафэ зэпыщӀахэр
Щхьэфэм еудэкӀын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: neither a candle for God nor a poker for the devil; what the hell. Урысыбзэ: ни богу свечка, ни черту кочерга; на кой черт. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
[И] щхьэфэ иӀэбэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: gossip about sb Урысыбзэ: судачить о ком-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: ЦӀыху къызэхуэсахэр куэдым я щхьэфэ иӀэбащ, куэдым я хъыбар жаӀащ. ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
[И] щхьэфэм итӀыхьын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: gossip about sb Урысыбзэ: судачить о ком-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Къуажи жыли къимыгъанэу щхьэфэ Ӏэджэм ар йотӀыхь. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
Щхьэфэм Ӏэ дэлъэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: caress, comfort someone. Урысыбзэ: приласкать, утешить кого-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Щхьэфэр лъэгущӀыхь хуэщӀын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: sacrifice yourself for sb. Урысыбзэ: жертвовать собой ради кого-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Уи пхъум папщӀэ си щхьэфэр лъэгущӀыхь сщӀыну сыхьэзырщ. Къашыргъэ ХьэпащӀэ
ЩӀы щхьэфэ хъун
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: God grant that you turn to dust (curse) Урысыбзэ: дай бог, чтобы ты превратился в прах (проклятие) Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.