Wt/kbd/цей

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > цей

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [tse:j]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [ц] + -ей

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: цей цейр -- цейхэр
Эргативнэ: цей цейм -- цейхэм
Послеложнэ: цейкӀэ цеймкӀэ цейхэкӀэ цейхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: цейуэ цейрауэ цейхэу цейхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Адыгэм зэӀуащэу щыта щэкӀ пхъашэ лӀэужьыгъуэ (цей, бащлыкъ с. ху. къыхащӀыкӀ).
  2. Адыгэ фащэм щыщу щӀыӀутелъ щыгъыныгъуэ (къэпталым нэхърэ нэхъ кӀыхьщ, и бгъэм хьэзырхэр тедащ, и бгыр хуэӀузэу идыкӀащ).

ЩАПХЪЭХЭР

  • Куэдым къафӀощӀ Бекович- Черкасскэри зы къэрап гуэрым и лӀыкӀуэу, сыту жыпӀэмэ абы щыгъ адыгэ цейр.. Петербург куэдрэ щамылъагъу фащэт. Шортэн Аскэрбий

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Цей зэӀущэн.
  • Цей кӀыхь егъэдын.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • цей: 1. homespun cloth, broadcloth 2. Circassian coat
  • Цей зэӀущэн: weave home-spun cloth, broadcloth
  • Цей кӀыхь егъэдын: to make a long Circassian coat.
УРЫСЫБЗЭ
  • цей: 1. домотканое сукно 2. черкеска
  • Цей зэӀущэн: ткать домотканное сукно
  • Цей кӀыхь егъэдын: шить длинную черкеску

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.