Wt/kbd/хьэрф
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
хьэрфхэр
-
хьэрфхэр
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
< хьэрыпыбзэ: حرف = хьэрф
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ħɐrf]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [хьэрф]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | хьэрф | хьэрфыр | -- | хьэрфхэр |
Эргативнэ: | хьэрф | хьэрфым | -- | хьэрфхэм |
Послеложнэ: | хьэрфкӀэ | хьэрфымкӀэ | хьэрфхэкӀэ | хьэрфхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | хьэрфу | хьэрфырауэ | хьэрфхэу | хьэрфхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Макъ къызэрагъэлъагъуэ дамыгъэ; азбукэм и дамыгъэ.
ЩАПХЪЭХЭР
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 118 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Нобэ абыхэм хьэрф ю яджащ. | Сегодня они изучили букву «ю». | Today they studied the letter “ю”. |
Иджы егугъуу зэныбжьэгъу цӀыкӀухэм а хьэрфыр дэфтэрым иратхэ. | Сейчас маленькие друзья усердно записывают эту букву в тетрадь. | Now the young friends are diligently writing this letter down in their notebooks. |
Сыт хуэдэ хьэрф абыхэм ятхыр? | Какую букву они пишут. | Which letter are they writing? |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Хьэрфым и тхыкӀэ.
- Хьэрфхэр зэгъэцӀыхун.
- хьэрфышхуэ
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- хьэрф: letter (of the alphabet)
- Хьэрфым и тхыкӀэ: how a letter (of the alphabet) is written
- хьэрфышхуэ: a big, capital, majuscule letter
УРЫСЫБЗЭ
- хьэрф: буква
- Хьэрфым и тхыкӀэ: манера написания буквы
- Хьэрфхэр зэгъэцӀыхун:
- хьэрфышхуэ: большая, прописная буква
псалъафэ зэпыщӀахэр
хьэрф дэкӀуашэ
Мыхьэнэ: Макъ дэкӀуашэ къызэрагъалъагъуэ хьэрф. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: letter denoting a consonant sound Урысыбзэ: буква, обозначающая согласный звук Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.