Wt/kbd/тхьэ

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > тхьэ

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [tħɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [тхь] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: тхьэ тхьэр -- тхьэхэр
Эргативнэ: тхьэ тхьэм -- тхьэхэм
Послеложнэ: тхьэкӀэ тхьэмкӀэ тхьэхэкӀэ тхьэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: тхьэуэ тхьэрауэ тхьэхэу тхьэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Ижь зэманым псэуа адыгэхэм я мажусий диным игъэлъапӀэу, цӀыхухэр зыхуэпщылӀу, дуней къэхъукъащӀэхэр зи ӀэрыкӀыу ялъытэу щытахэр.
  2. Муслъымэн диным итхэм я тхьэ, Алыхь.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Ӏуащхьэмахуэ и щыгум щызэхуэсащ Мэзытхьэ, Амыщ, Тхьэгъэлэдж, Созрэщ, Лъэпщ сымэ тхьэхэм я тхьэж Псатхьэ деж. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
  • СыкъэзыгъэщӀа, унэм тхьэм сынимыгъэсыжкӀэ, Ахья щӀэбгъэтӀысын бгъэдэлъмэ. КӀыщокъуэ Алим

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • тхьэ: 1. The ancient Adyghes' (Circassians') dieties, gods 2. Allah
УРЫСЫБЗЭ
  • тхьэ: 1. божества у древних адыгов 2. Аллах

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.

Wt/kbd/тхьэ

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: МЕЖДОМЕТИЕ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [tħɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [тхь] + -э

МЫХЬЭНЭ

  1. ФӀэщхъуныгъэ халъхьэу зыгуэр щыжаӀэкӀэ бзылъхугъэхэм нэхъ къагъэсэбэпырей междометие.

ЩАПХЪЭХЭР

  • [Хъашгуащэ:] - Си гуащӀэдэкӀыр нэгъуэщӀым къыхуэзгъэнэну, тхьэ сымыделэ. Къэбэрдей, альманах

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • тхьэ: by God! (primarily in women’s speedh)
УРЫСЫБЗЭ
  • тхьэ: ей-богу (преимущественно в женской речи)