Wt/kbd/тедзэн

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > тедзэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [te:'dzɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • те- + [дз] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. Бдзыуэ телъхьэн, теутӀыпщхьэн.
  2. Уебэну текӀуэн, щӀым егулӀын.
  3. Тхыгъэ, сурэт н. къ. типографие с. ху. къыщыдэгъэкӀын.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Алий къебэнар тредзэри щӀым иригулӀауэ иӀыгъщ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
  • ЗэрыфыщӀурэ Бэчмырзэ еӀэри иныжьыр тридзэри еуэри иукӀащ. Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ, сборник

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Тхылъыр стӀолым тедзэн.
  • тедзэжын (тредзэж)

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • тедзэн: 1. throw, toss sth swh, onto some surface 2. overcome, cast sb down 3. print, publish sth
  • Тхылъыр стӀолым тедзэн: throw a book on the table.
  • тедзэжын (тредзэж): iron one's own clothes.
УРЫСЫБЗЭ
  • тедзэн: 1. бросить кого-что-л. куда-л., на поверхность чего-л. 2. побороть, повалить кого-л. 3. напечатать, опубликовать что-л.
  • Тхылъыр стӀолым тедзэн: бросить книгу на стол.
  • тедзэжын (тредзэж): гладить собственную одежду.

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [te:'dzɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • те- + [дз] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. Нэху, ныбжь с. ху. техуэн.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Бгы джабэм дыгъэ нурыр тредзэ. Къашыргъэ ХьэпащӀэ

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
УРЫСЫБЗЭ
  • тедзэн: падать на поверхность чего-л. (о тени, луче света и т. п.)

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.