Wt/kbd/редакцэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
< урысыбзэ: редакция < латиныбзэ: rеdасtоr = зэпрызыху
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [rʲɪˈdakt͡sɨɪ̯ɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [редакц] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | редакцэ | редакцэр | -- | редакцэхэр |
Эргативнэ: | редакцэ | редакцэм | -- | редакцэхэм |
Послеложнэ: | редакцэкӀэ | редакцэмкӀэ | редакцэхэкӀэ | редакцэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | редакцэу | редакцэрауэ | редакцэхэу | редакцэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Тхылъ, журнал, с. ху. къыдэкӀынымкӀэ унафэ щӀыныгъэ.
- Печатнэ лэжьыгъэ гуэрхэр къыдэгъэкӀыным, радиокӀэ, телевиденэкӀэ къатхэр къызэгъэпэщыным елэжь ӀуэхущӀапӀэ.
ЩАПХЪЭХЭР
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Тхылъыр профессор цӀэрыӀуэм и редакцэкӀэ къыдэкӀащ.
- Газетым и редакцэ.
- «Ӏуащхьэмахуэ» журналым и редакцэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- редакцэ: 1. editorship, editorial guadance (management of a publication) 2. editorial board (institution)
- Тхылъыр профессор цӀэрыӀуэм и редакцэкӀэ къыдэкӀащ: the book was published under the editorship of a famous professor.
- Газетым и редакцэ: the editorial board of a newspaper
- «Ӏуащхьэмахуэ» журналым и редакцэ: The editorial board of the Elbrus magazine.
УРЫСЫБЗЭ
- редакцэ: 1. редакция (руководство изданием) 2. редакция (учреждение)
- Тхылъыр профессор цӀэрыӀуэм и редакцэкӀэ къыдэкӀащ: Книга была выпущена под редакцией известного профессора.
- Газетым и редакцэ: редакция газеты.
- «Ӏуащхьэмахуэ» журналым и редакцэ: редакция журнала «Эльбрус».
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.