Wt/kbd/пычын
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [pǝ'tʂǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- пы- + [ч] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "пычын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Зыгуэрым пытыр, пылъыр къеӀэу къыпыгъэкӀын.
- Зыгуэрым зыгуэр къыпытхъын, къыпыудын.
- Зыгуэр пщӀэныр щыгъэтын.
- Зыгуэр пщӀэныр ӀэщӀыб щӀын, хыфӀэдзэн.
ЩАПХЪЭХЭР
- Фызыжьым жьэгъуэшхэн пичри и тхьэкӀумитӀыр тригъэхуащ. КӀыщокъуэ Алим
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Тхьэмпэр пычын.
- Тутын ефэныр пычын.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- пычын: 1. pick, harvest, rip off sth from swh (for example, fruit from a tree) 2. tear sth off of sth 3. quit, stop doing sth 4. give up, stop doing sth (a habit)
- Тхьэмпэр пычын: strip off leaves
- Тутын ефэныр пычын: quit smoking
УРЫСЫБЗЭ
- пычын: 1. сорвать что-л. с чего-л. (напр. плод с дерева) 2. оторвать что-л. от чего-л. 3. перестать что-л. делать 4. бросить, прекратить чем-л. заниматься
- Тхьэмпэр пычын: срывать листья
- Тутын ефэныр пычын: бросить курить
псалъафэ зэпыщӀахэр
Псалъэр пычын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: abruptly stop talking; stop talking in the middle of a word. Урысыбзэ: резко оборвать свою речь, замолчать на полуслове. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.