Wt/kbd/пщыхьэщхьэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
пщыхьэщхьэ
-
пщыхьэщхьэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [pɕǝ'ħɐɕħɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [пщыхь] + -э + [щхь] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | пщыхьэщхьэ | пщыхьэщхьэр | -- | пщыхьэщхьэхэр |
Эргативнэ: | пщыхьэщхьэ | пщыхьэщхьэм | -- | пщыхьэщхьэхэм |
Послеложнэ: | пщыхьэщхьэкӀэ | пщыхьэщхьэмкӀэ | пщыхьэщхьэхэкӀэ | пщыхьэщхьэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | пщыхьэщхьэу | пщыхьэщхьэрауэ | пщыхьэщхьэхэу | пщыхьэщхьэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Махуэм и кӀэухыу жэщыр къихьэным ипэ къихуэ зэман.
ЩАПХЪЭХЭР
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 71 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Пщыхьэщхьэщ. | Вечер. | It is evening. |
нап. 107 | ||
Абы зыбжанэрэ нащэр ипщӀащ, пщыхьэщхьэкӀэрэ псы щӀикӀащ. | Она несколько раз прополола огурцы и вечером поливала водой. | She has weeded the cucumbers several times and watered them in the evenings. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Пщыхьэщхьэ хъуащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- пщыхьэщхьэ: evening
- Пщыхьэщхьэ хъуащ: evening came
УРЫСЫБЗЭ
- пщыхьэщхьэ: вечер
- Пщыхьэщхьэ хъуащ: наступил вечер
псалъафэ зэпыщӀахэр
Пщыхьэщхьэ фӀохъу апщий
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: Good evening! (greeting). Урысыбзэ: Добрый вечер! (приветствие). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Пщыхьэщхьэ зэхэс
-
Пщыхьэщхьэ зэхэс
Мыхьэнэ: Пщыхьэщхьэ щыхъум зыщӀыпӀэ я нэгу зрагъэужьын, я зэш трагъэун мурадкӀэ щызэхуэсыныгъэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: party, celebraton Урысыбзэ: вечеринка Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Анэм .. игу къэкӀыжырт и щӀалэгъуэм щыгъуэ здэкӀуэу щыта пщыхьэщхьэ зэхэсхэр. Къэбэрдей, альманах
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.