Wt/kbd/пцӏащхъуэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
пцӀащхъуэ
-
пцӀащхъуэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['pʹtʹsɑ:ɕχʷɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [пцӀ] + -а + [щхъу] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | пцӀащхъуэ | пцӀащхъуэр | -- | пцӀащхъуэхэр |
Эргативнэ: | пцӀащхъуэ | пцӀащхъуэм | -- | пцӀащхъуэхэм |
Послеложнэ: | пцӀащхъуэкӀэ | пцӀащхъуэмкӀэ | пцӀащхъуэхэкӀэ | пцӀащхъуэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | пцӀащхъуэу | пцӀащхъуэрауэ | пцӀащхъуэхэу | пцӀащхъуэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ЩӀыпӀэ хуабэхэм лъэтэжхэм ящыщу, зи кӀэр дыкъуакъуэ, дамэ кӀыхь папцӀэ зытет бзу бгъэгуху цӀыкӀу.
ЩАПХЪЭХЭР
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 104 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
ПцӀащхъуэ цӀыкӀу. | Маленькая ласточка. | A Little Swallow. |
ПцӀащхъуэ цӀыкӀухэр къолъэтэж. | Маленькие ласточки прилетают обратно. | The little swallows are flying back. |
ПцӀащхъуэ цӀыкӀухэр къытхуогуфӀэ, | Маленькие ласточки нас радуют. | The little swallows bring us happiness. |
ПцӀащхъуэ цӀыкӀуу зи бзэр дахэ, | Маленькая ласточка, твой голос красив. | As a small swallow with a lovely voice, |
ПцӀащхъуэр къолъэтэж. | Ласточка прилетает. | The swallow arrives. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- ПцӀащхъуэхэр лъэтэжащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- пцӏащхъуэ: swallow
- ПцӀащхъуэхэр лъэтэжащ: the swallows have flown away for the winter.
УРЫСЫБЗЭ
- пцӏащхъуэ: ласточка
- ПцӀащхъуэхэр лъэтэжащ: ласточки улетели на зиму.
псалъафэ зэпыщӀахэр
ПцӀащхъуэ кӀийм еджэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: scream hysterically Хьэм ирихужьа щӀалэ цӀыкӀур пцӀащхъуэ кӀийм еджэрт. Chased by the dog, the little boy screamed hysterically. Урысыбзэ: кричать надрывно. Хьэм ирихужьа щӀалэ цӀыкӀур пцӀащхъуэ кӀийм еджэрт. Маленький мальчик надрывно кричал, когда за ним погналась собака. Псалъэ зэпхахэр: Хьэм ирихужьа щӀалэ цӀыкӀур пцӀащхъуэ кӀийм еджэрт. Щапхъэхэр:
ПцӀащхъуэ унэу лъэлъэжын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: fall apart, collapse (about a structure, business, etc.). Урысыбзэ: развалиться, расстроиться (о сооружении, деле и т. п.). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.