Wt/kbd/псыпцӏэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
псыпцӀэ
-
псыпцӀэ
-
псыпцӀэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['psǝptʹsɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [пс] + ы + [пцӀ] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | псыпцӀэ | псыпцӀэр | -- | псыпцӀэхэр |
Эргативнэ: | псыпцӀэ | псыпцӀэм | -- | псыпцӀэхэм |
Послеложнэ: | псыпцӀэкӀэ | псыпцӀэмкӀэ | псыпцӀэхэкӀэ | псыпцӀэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | псыпцӀэу | псыпцӀэрауэ | псыпцӀэхэу | псыпцӀэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Зи лъэгур упхырыхуу ятӀэпсу щыт.
ЩАПХЪЭХЭР
- Псэлъыхъухэм яутауэ зы псыпцӀэ иӀэщ [Алыджхэ я унэм ущыдыхьэкӀэ]. Нартхэр
- ПсыпцӀэ куу гуэрым икӀри [Цурэрэ Линэрэ] къамылым хэту ипщэкӀэ ягъэзащ, баналъэм нэсри къаблэмкӀэ яӀуэнтӀэжащ. Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 105 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
ПсыпцӀэм щыпсэуи цӀывхэм яхэтщ. | Есть среди них и жуки, живущие в болотах. | Among them there are also beetles that live in swamps. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- псыпцӏэ: swamp, bog
УРЫСЫБЗЭ
- псыпцӏэ: болото, трясина
псалъафэ зэпыщӀахэр
псыпцӀэ джэд
-
псыпцӀэ джэд
Мыхьэнэ: Къауц гъуабжэ зытет, псыпцӀэ къамылылъэхэм щыпсэу джэд. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: common moorhen, swamp chicken ПсыпцӀэ джэдым и лыр ӀэфӀщ: the meat of the moorhen is tasty. Урысыбзэ: европейская камышница (птица) ПсыпцӀэ джэдым и лыр ӀэфӀщ: мясо камышницы вкусное. Псалъэ зэпхахэр: ПсыпцӀэ джэдым и лыр ӀэфӀщ. Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.