Wt/kbd/план
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
план (2)
-
план (2)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
< урысыбзэ: план < латиныбзэ: planus = захуэ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [pɫan]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [план]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | план | планыр | -- | планхэр |
Эргативнэ: | план | планым | -- | планхэм |
Послеложнэ: | планкӀэ | планымкӀэ | планхэкӀэ | планхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | плану | планырауэ | планхэу | планхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр гъэзэщӀа зэрыхъуну щӀыкӀэр щызэпкърыха; къалэн.
- ЩӀыпӀэ, хьэпшып, ухуэныгъэ гуэр масштаб иту тэмэму къэзыгъэлъагъуэ чертёж.
- Зыгуэрым и екӀуэкӀыкӀэнум, зыгуэрым и зэкӀэлъыкӀуэкӀэм и хабзэ пыухыкӀа.
ЩАПХЪЭХЭР
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Планым тету лэжьэн.
- Къалэм и план.
- Унэм и план.
- Урокым и план.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- план: 1. plan (numbers and figures) 2. plan, map, blueprint (drawing) 3. plan (of a presentation)
- Планым тету лэжьэн: work according to a plan
- Къалэм и план: city map
- Унэм и план: house blueprints
- Урокым и план: lesson plan
УРЫСЫБЗЭ
- план: 1. план (в цифрах 2. план (чертёж) 3. план (изложения)
- Планым тету лэжьэн: работать по плану
- Къалэм и план: план (карта) города
- Унэм и план: план дома
- Урокым и план: план урока
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.