Wt/kbd/пашэ

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > пашэ

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA ['pɑ:ʂɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [паш] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: пашэ пашэр -- пашэхэр
Эргативнэ: пашэ пашэм -- пашэхэм
Послеложнэ: пашэкӀэ пашэмкӀэ пашэхэкӀэ пашэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: пашэу пашэрауэ пашэхэу пашэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Хъушэу, гуартэу, табыну зэхэт псэущхьэхэм япэ иту зезышэ; пхъэӀэщэ н. зэкӀэлъхьэужьу щӀэщӀа Ӏэщым япэ итыр.
  2. ЦӀыхубэм я Ӏэтащхьэ, ар зыгъасэ, зыущий.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Насып щӀэбэнхэм уэрщ я ныпыр, ФӀыгъуэм щӀэкъухэм уэрщ я пашэр. КӀуащ БетӀал

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Мэл гуартэм и пашэ.
  • Гупым и пашэ.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • пашэ: 1. leader, guide, herder 2. leader, chief, head,
  • Мэл гуартэм и пашэ: herd leader of a sheep flock.
  • Гупым и пашэ: group leader
УРЫСЫБЗЭ
  • пашэ: 1. вожак 2. вождь, предводитель
  • Мэл гуартэм и пашэ: вожак стада овец
  • Гупым и пашэ: предводитель группы

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ПЛЪЫФЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA ['pɑ:ʂɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [паш] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: пашэ пашэр -- пашэхэр
Эргативнэ: пашэ пашэм -- пашэхэм
Послеложнэ: пашэкӀэ пашэмкӀэ пашэхэкӀэ пашэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: пашэу пашэрауэ пашэхэу пашэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Япэ ит, адрейхэм къахэжаныкӀ; зи щапхъэмкӀэ, зи зэфӀэкӀымкӀэ адрейхэр Ӏуэхугъуэ гуэрхэм езышалӀэ.

ЩАПХЪЭХЭР

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • ЛэжьакӀуэ пашэ.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • пашэ: leading, head, chief
  • ЛэжьакӀуэ пашэ: leading worker
УРЫСЫБЗЭ
  • пашэ: ведущий, передовой
  • ЛэжьакӀуэ пашэ: передовой работник