Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиӀэ, псом я нэхъапэ, псом ящхьэ.
УнафэщӀ, Ӏэтащхьэ. Инженер нэхъыщхьэ.
ЩӀэныгъэм и мардэхэм ящыщу курытым ипщэкӀэ щыӀэм хужаӀэ.
ЩАПХЪЭХЭР
Нэгумэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр зыхуэунэтӀауэ щытар и лъэпкъэгъухэм щӀэныгъэр ззрахипщэнт. Нэгумэ Шорэ
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
Къалэн нэхъыщхьэ.
Дохутыр нэхъыщхьэ.
ЕджапӀэ нэхъыщхьэ.
ЩӀэныгъэ нэхъыщхьэ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
нэхъыщхьэ: 1. main, most important, most significant 2. main, head, chief (in position, title, etc.) 3. higher (in the educational system)
Къалэн нэхъыщхьэ: primary obligation
Дохутыр нэхъыщхьэ: head doctor
ЕджапӀэ нэхъыщхьэ: institution of higher learning
ЩӀэныгъэ нэхъыщхьэ: higher education
УРЫСЫБЗЭ
нэхъыщхьэ: 1. главный, самый важный, основной, наиболее существенный 2. старший, главный (по должности, по званию и т. п.) 3. высший (в системе образования)
Къалэн нэхъыщхьэ: главная обязанность
Дохутыр нэхъыщхьэ: старший врач
ЕджапӀэ нэхъыщхьэ: высшее учебное заведение
ЩӀэныгъэ нэхъыщхьэ: высшее образование
БИБЛИОГРАФИЕ
Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.