Wt/kbd/ныбэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ[edit source]
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ[edit source]
- IPA ['nǝbɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ[edit source]
- [ныб] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | ныбэ | ныбэр | -- | ныбэхэр |
Эргативнэ: | ныбэ | ныбэм | -- | ныбэхэм |
Послеложнэ: | ныбэкӀэ | ныбэмкӀэ | ныбэхэкӀэ | ныбэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | ныбэу | ныбэрауэ | ныбэхэу | ныбэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ЦӀыху Ӏэпкълъэпкъым щыщу тхьэмщӀыгъу, лъатэ, кӀэтӀий, чэ сыт хуэдэхэр зэрылъыр.
- Гупэ.
- ЦӀыхум, псэущхьэм я кӀуэцӀым хыхьэу шхыныр гъэткӀуным хуэщӀар.
- Сабийр, щӀэжьейр зрищӀэ.
ЩАПХЪЭХЭР[edit source]
- Сэ куэдрэ сымыгупсысэу си ныбэр ӀитӀкӀэ субыдыжащи, сощэӀу. Къуэдзокъуэ Хьэсэн
- Бажэм и ныбэр нэщӀ хъуауэ ТӀэкӀу шхэмэ фӀэфӀу къекӀухь. Щомахуэ Амырхъан
- Ныбэ Ӏей щыӀэ мыхъумэ, шхын Ӏей щыӀэкъым. Псалъэжьхэр
- Лъэбыцэжьей.. ныбэм илъ сабийм и макъ зэхихар щхьэкӀуэ щыхъуауэ.. Алыджхэ я унэмкӀэ иунэтӀащ. Нартхэр
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- НыбэкӀэ зыхэӀубэн.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- ныбэ: 1. belly, abdomen 2. front side of the body 3. stomach 4. mother's womb
- НыбэкӀэ зыхэӀубэн: lie on your belly
УРЫСЫБЗЭ[edit source]
- ныбэ: 1. живот 2. лицевая сторона туловища 3. желудок 4. материнская утроба
- НыбэкӀэ зыхэӀубэн: лечь на живот
псалъафэ зэпыщӀахэр
[И] ныбэ нэщӀ [и] Ӏэ телъыжу[edit | edit source]
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: honestly earn your own living Урысыбзэ: честно, своим трудом (жить). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Уи ныбэ нэщӀ уи Ӏэ телъыжу уи унэ уисыжын нэхъыфӀ щыӀэ. Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Ныбэр игъэпщхьэн[edit | edit source]
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: suck in your belly Урысыбзэ: втянуть живот. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
[И] ныбэр къежьэн[edit | edit source]
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: get fat, grow a belly, become potbellied Урысыбзэ: располнеть; появиться - о животе, брюшке. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: ЛӀыкукӀэ уеджэнщ [Къалэбатэ], ил изщ, зэпэхъурейщ, и ныбэр къежьащ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
Ныбэр къигъэун[edit | edit source]
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: slit sb’s belly, let out sb’s intestines Урысыбзэ: выпустить кишки, распороть живот кому-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Ныбэр къриӀуэнтӀыкӀын[edit | edit source]
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: [his] stomach is twisting and turning Урысыбзэ: в животе крутит. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
ныбэ уз[edit | edit source]
Мыхьэнэ: Ныбэм къыщыхъу уз. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: stomach ache Урысыбзэ: боль в животе Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Ныбэ узым ихьын![edit | edit source]
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: to hell with you; the devil take you! Урысыбзэ: пусть тебя холера возьмет! Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: - А ныбэ узым ихьын, жылэр зэтраукӀэ, уэ мыбдей уожейри ущылъщ! - жиӀащ адэм. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
ныбэ цӀынэ[edit | edit source]
Мыхьэнэ: Зи ныбэм щӀыӀэ хыхьэрей, зи ныбэр зэӀыхьэгъуафӀэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: with a big belly, big-bellied Урысыбзэ: с больным животом Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ[edit source]
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.