Wt/kbd/нагъыщэ

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > нагъыщэ

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [nɑ:'ʁǝɕɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [нагъыщ] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: нагъыщэ нагъыщэр -- нагъыщэхэр
Эргативнэ: нагъыщэ нагъыщэм -- нагъыщэхэм
Послеложнэ: нагъыщэкӀэ нагъыщэмкӀэ нагъыщэхэкӀэ нагъыщэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: нагъыщэу нагъыщэрауэ нагъыщэхэу нагъыщэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Зыгуэрым и дамыгъэ, и хьэлэмэт.
  2. Зыгуэрым и Ӏэужьлъэужь, хуэмэбжьымэ.
  3. ЦӀыхум ижькӀэ гу зылъатауэ дунейм и щытыкӀэнур къызэращӀэхэр.
  4. Зыгуэрым и нэщэнэ, и щыхьэтлыкъ, зыхуэдэр къозыгъащӀэ.
  5. КъызыгурымыӀуэхэм я дежкӀэ зыгуэрым щхьэусыгъуэ, къежьапӀэ хуэхъу.
  6. Гуэхугъуэ гуэрым и дамыгъэу, и нэщэнэу ягъэувауэ цӀыхум къадэгъуэгурыкӀуэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Нарт эпосыр.. къыщежьа лъэхъэнэхэм я нагъыщэ къытенащ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
  • Гъатхэ къакӀуэм ар и хъыбарыхьщ, Бэв диӀэным и нагъыщэ пэжщ. Гъуэщокъуэ Хъусин

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Хэмыгъуэщэну нагъыщэ тедзэн.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • нагъыщэ: 1. sign, mark, brand 2. footprint, feedback, trace, track, result of the effect or influence of sth 3. signs, omens, harbingers (indicating a coming natural phenomenon) 4. symptom, sign 5. omen, foreboding of sth 6. symbol of sth
  • Хэмыгъуэщэну нагъыщэ тедзэн: put a distinguishing mark
УРЫСЫБЗЭ
  • нагъыщэ: 1. знак, метка 2. след, результат воздействия, влияния чего-л. 3. приметы (указывающие на предстоящее явление природы) 4. признак, симптом чего-л. 5. предзнаменование, предвестие какое-л. или чего-л. 6. символ чего-л.
  • Хэмыгъуэщэну нагъыщэ тедзэн: поставить отличительный знак

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.