Wt/kbd/кӏуэсэн

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > кӏуэсэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [kʹʷɐ'sɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [кӏу] + -э + [с] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. Щэхуу зыщӀыпӀэ икӀын, икӀуэсыкӀын, щӀэпхъуэжын.
  2. ХэкӀуэсыкӀын, кӀуэсэжын, щэхуу яхэкӀын.
  3. Анэ-адэм ямыщӀэу лӀы дэкӀуэн.
  4. Нэхъ цӀыкӀу хъун, ункӀыфӀын.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Къуэш нэхъыжь Антинокъуэ кӀуасэри кърым хъаным деж кӀуащ. Нэгумэ Шорэ
  • Жанхъуэтхэ я пхъур ныжэбэ кӀуэсащи, лъэпкъ псор зэрызохьэ. Къэрмокъуэ Хьэмид
  • Уафэ къащхъуэр хуэмурэ нэхъ хужьыфэ хъурт, вагъуэхэр кӀуасэхэрт. Къущхьэ СулътӀан

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • ЗауэлӀхэр зырыз-тӀурытӀурэ мэкӀуасэ.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • кӏуэсэн: 1. escape, run away, disappear from swh 2. desert (army) 3. secretly get married, elope (without parential consent) 4. go out, be extinguished; fade away
  • ЗауэлӀхэр зырыз-тӀурытӀурэ мэкӀуасэ: the soldiers deserted one or two at a time.
УРЫСЫБЗЭ
  • кӏуэсэн: 1. сбежать, исчезнуть откуда-л. 2. дезертировать 3. выйти замуж тайно (без согласия родителей) 4. угасать, потухать
  • ЗауэлӀхэр зырыз-тӀурытӀурэ мэкӀуасэ: солдаты дезертировали по одному, по два.

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.