Wt/kbd/къэгъэнэн

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > къэгъэнэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [qʹɐʁɐ'nɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • къэ- + гъэ- + [н] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. ЗдэщыӀэ щӀыпӀэр емыгъэхъуэжын.
  2. Зыгуэр зыщӀыпӀэ щыгъэӀэн.
  3. И щытыкӀэм земыгъэхъуэжын.
  4. Лъымыгъэсын, хэгъэнын (зыгуэрыр зыгуэрым).
  5. ЩӀыпӀэ гуэр къэбгынэн.
  6. Зыгуэрым бгъэдэкӀын.
  7. Ӏуэху блэжьыр гъэувыӀэн, ӀэщӀыб щӀын.
  8. БлэкӀын, блэгъэкӀын, дэгъэхун.
  9. Япэ ищын, къызэнэкӀын.
  10. Унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту къагъэсэбэп зыгуэрымкӀэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу, ялъагъур, зэдаӀуэр зэпагъэуну къагъэуву.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Гупым сыт ящӀэжынт — я гъуэгу теувэжащ, мо тӀур (щӀалитӀыр) къагъанэри. Къэрмокъуэ Хьэмид
  • [Борэ:] — Хэкур зэкӀэ къэвгъэнэнщ. Акъсырэ Залымхъан
  • Я лэжьыгъэхэр къагъанэри, цӀыху щэ ныкъуэ дэкӀащ я гъунэгъу лӀам и бынунэм хуэлэжьэну. ПащӀэ Бэчмырзэ
  • ПщӀэгъуалэм тесым адрей шухэр адэ жыжьэу къигъэнауэ езыр япэ иту къожэ. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
  • Асият, куэдщ, къэгъанэ уи делагъэр. КъардэнгъущӀ Зырамыку

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Бжэр Ӏухауэ къэзгъэнащ.
  • ЩӀалэр Ӏыхьэншэу къагъэнащ.
  • УнитӀ къэбгъанэм ещанэм щӀэсщ си ныбжьэгъур.
  • Къэгъанэ, кхъыӀэ, псалъэмакъ мышур!

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • къэгъэнэн: 1. leave sb or sth swh 2. forget or leave sb or sth 3. leave sb or sth in in some state or condition 4. deprive sb of sth, leave without sth 5. leave swh, go away or depart from swh 6. leave or abandon sb. 7. stop doing sth 8. leave sth behind you, in the past 9. bypass sb, beat sb 10. forget it! (used in the imperative to express disagreement with sb or a demand to stop talking about sth)
  • Бжэр Ӏухауэ къэзгъэнащ: (he) left the door open.
  • ЩӀалэр Ӏыхьэншэу къагъэнащ: the boy was deprived of his share
  • УнитӀ къэбгъанэм ещанэм щӀэсщ си ныбжьэгъур: having left you two houses, the fiend is living in a third.
  • Къэгъанэ, кхъыӀэ, псалъэмакъ мышур!: Please, let’s stop this senseless conversation.
УРЫСЫБЗЭ
  • къэгъэнэн: 1. оставить кого-что-л. где-л. 2. оставить, забыть кого-что-л. где-л. 3. оставить кого-что-л. в каком-л. состоянии 4. обделить кого-л. 5. покинуть что-л., удалиться откуда-л. 6. покинуть кого-л., уйти от кого-л. 7. оставить, перестать делать что-л. 8. оставить позади, миновать что-л. 9. опередить кого-л. 10. оставь(те) (употребляется в форме повелительного наклонения для выражения несогласия с кем-чем-л. или требования прекратить разговор о чём-л.)
  • Бжэр Ӏухауэ къэзгъэнащ: [он] оставил дверь открытой.
  • ЩӀалэр Ӏыхьэншэу къагъэнащ: парень был обделен долей.
  • УнитӀ къэбгъанэм ещанэм щӀэсщ си ныбжьэгъур: оставив два дома тебе, товарищ живет в третьем.
  • Къэгъанэ, кхъыӀэ, псалъэмакъ мышур!: оставь, пожалуйста, этот бессмысленный разговор.

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.