Wt/kbd/къыкъуэкӏын
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [qʹǝqʹʷɐ'tʹʂǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- къы- + къуэ- + [кӀ] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэмыӏэс "къыкъуэкӏын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Къуагъ гуэрым къыблэкӀын, къыфӀэкӀын.
- Къэлъэгъуэн, къэхутэн.
- ЩыӀэ хъун.
- Зыгуэрым иӀэу, хэлъу, бгъэдэлъу къыщӀэкӀын, зыгуэрым деж къыщагъуэтын.
ЩАПХЪЭХЭР
- Тутнакъэщ къуапэм епӀэщӀэкӀыу къыкъуэкӀащ лӀы щӀыбышэ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
- Анэр зыгуэрым пэплъэрт, ауэ зыри къыкъуэкӀыртэкъым. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Ӏуэху гуэр къыкъуэкӀащ.
- Мылъку къыкъуэкӀын.
- ЛӀыгъэ къыкъуэкӀын.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- къыкъуэкӏын: 1. come out (walking, riding or driving) from behind sth 2. appear, show yourself (about sb) 3. appear, come up (about a business or affair) 4. turn out, happen to have (about sb)
- Ӏуэху гуэр къыкъуэкӀащ: sth came up
- Мылъку къыкъуэкӀын: turn out to have (property)
- ЛӀыгъэ къыкъуэкӀын: turn out to have (courage)
УРЫСЫБЗЭ
- къыкъуэкӏын: 1. выйти, выехать из-за чего-л. 2. появиться, показаться (о ком-л.) 3. возникнуть, появиться (о делах) 4. обнаружиться, оказаться у кого-л.
- Ӏуэху гуэр къыкъуэкӀащ: дело возникло
- Мылъку къыкъуэкӀын: оказаться у кого-л. (имущество)
- ЛӀыгъэ къыкъуэкӀын: обнаружиться у кого-л. (мужество)
псалъафэ зэпыщӀахэр
Дыгъэр къыкъуэкӀын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: rise, come up – about the sun Урысыбзэ: взойти – о солнце Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.