Wt/kbd/къызэнэкӏын
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [qʹǝzɐnɐ'tʹʂǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- къы- + зэ- + е- + [н] + -э + кӀ + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "къызэнэкӏын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- ЩхьэпрыкӀын, япэ ищын.
- Уи ужькӀэ къигъэнэн.
- КъыщӀэнын.
ЩАПХЪЭХЭР
- ЩыхупӀэ хуэзэм къелъэу, лъэпощхьэпо Ӏэджэ къызэринэкӀыурэ, а псы къуэпсхэр зыуэ зэхолъадэри псышхуэ лъэщ хъуауэ, бгыхэр къыдэпсалъэу къызэрохьэх. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
- Абы кӀэщӀу игъазэри Аслъий и пщӀантӀэ, зы зэман здэунэфэщӀыну и гугъэр, и псэм къыщӀитхъыу, къызэринэкӀащ. Къущхьэ СулътӀан
- Ар [лӀыр] лӀа нэужь, бын къыщӀэнакъым, мылъкуу къызэринэкӀаи щыӀэтэкъым. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Шы къарэм пцӀэгъуэплъыр куэдкӀэ къызэринэкӀащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
1. leave sb behind, get ahead of sb 2. leave sth behind you 3. leave sb or sth behind (after one’s death)
УРЫСЫБЗЭ
1. оставить кого-л. позади себя, опередить кого-л. 2. оставить что-л. позади, миновать что-л. 3. оставить кого-что-л. после себя (напр. после смерти)
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.