Wt/kbd/къыдэшын
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [qʹǝdɐ'ʂǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- къы- + дэ- + [ш] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "къыдэшын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- ЗыщӀыпӀэ, зэхуаку гуэрым зыгуэр къыдэгъэкӀын, къыдэшауэ.
- КъыдэгъэкӀын (къэфэну).
- ИлъабжьэмкӀэ къишу ищхьэмкӀэ шэн (п. п. псыр).
ЩАПХЪЭХЭР
- Дахэ цӀыкӀур къыдишащи. Ар пщы хьэщӀэм къегъэудж. Къэбэрдей поэзием и антологие
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Уэрамым къыдэшын.
- Псыр джабэм къыдашащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- къыдэшын: 1. lead or transport sb or sth from swh (to here) 2. take or invite sb (for a dance) 3. put in or install up above (for example, water)
- Уэрамым къыдэшын: lead down the street (to here)
- Псыр джабэм къыдашащ: put in water (make water available) up above on the slope.
УРЫСЫБЗЭ
- къыдэшын: 1. вывести, вывезти кого-что-л. (сюда) 2. вывести, пригласить (на танец) 3. провести что-л. наверх (напр. воду)
- Уэрамым къыдэшын: вывести по улице сюда.
- Псыр джабэм къыдашащ: провести воду на склон.
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.