Wt/kbd/къупщхьэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
къупщхьэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['qʹʷǝpɕħɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [къупщхь] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | къупщхьэ | къупщхьэр | -- | къупщхьэхэр |
Эргативнэ: | къупщхьэ | къупщхьэм | -- | къупщхьэхэм |
Послеложнэ: | къупщхьэкӀэ | къупщхьэмкӀэ | къупщхьэхэкӀэ | къупщхьэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | къупщхьэу | къупщхьэрауэ | къупщхьэхэу | къупщхьэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ЦӀыхум, псэущхьэм я пкъым щыщу лыр зыкӀэрылъ пкъыгъуэ быдэ зэрыӀыгъхэр.
ЩАПХЪЭХЭР
- Хъуэжэ шы пэхужьым и къупщхьэ фӀэкӀа зыри игъуэтыжакъым. Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ, сборник
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- къупщхьэ: bone
УРЫСЫБЗЭ
- къупщхьэ: кость
псалъафэ зэпыщӀахэр
Къупщхьэ гуащэ
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: beauty, doll Урысыбзэ: красавица, куколка. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Къупшхьэ хужь
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: blue blood, white-boned (about a person of noble descent) Урысыбзэ: белая кость, голубая кровь (о человеке знатного происхождения). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: А сыт мыгъуэр си дуней, уджыназ лъэпкъщ, къупщхьэ хужьым уащыщщ, дауэ мыгъуэ уи дуней Ӏыхьэр дэпхъыну пщылӀ лъэпкъым къыхэкӀам. КӀыщокъуэ Алим
Къупщхьэ хъун
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: become the perpetuator of a bloodline Урысыбзэ: стать продолжателем рода. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: — ХьэжыщӀ сыкӀуэрэ псапэ сщӀэмэ, си гуэныхьыр тхьэм сщхьэщихынщи, си лъэпкъым къупщхьэ хуэхъуну, къуэ къызитынщ, — жиӀэри Янус Мэккэ кӀуащ. КӀыщокъуэ Алим
[И] къупщхьэм щӀэфын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: exploit sb, live at sb’s expense Урысыбзэ: эксплуатировать кого-л., жить за счет кого-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Уэ узэрыпсэур сэ схуэдэхэм я къупщхьэм ущӀэфущ. Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Къупщхьэр и тэмакъым тенэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: pay dearly for sth (for a misdeed) Урысыбзэ: поплатиться за что-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Щэрданхэ я мылъку зышхым къупщхьэр и тэмакъ тенэнщ. КӀыщокъуэ Алим
къупщхьэ куцӀ
Мыхьэнэ: Къупщхьэ ку гъуанэм илъ куцӀ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: bone marrow Урысыбзэ: костный мозг Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Лыр ишха иужь, лӀыжьым мэл лъэдийр икъутэри къупщхьэ куцӀыр кърихащ. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
къупщхьэ уз
Мыхьэнэ: Къупщхьэм къефыкӀ узхэм ироджэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: bone disorders, osteological diseases Урысыбзэ: костные болезни Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.