Wt/kbd/кхъуей
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
кхъуей
-
кхъуей
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [qʹχʷe:j]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [кхъуей]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | кхъуей | кхъуейр | -- | кхъуейхэр |
Эргативнэ: | кхъуей | кхъуейм | -- | кхъуейхэм |
Послеложнэ: | кхъуейкӀэ | кхъуеймкӀэ | кхъуейхэкӀэ | кхъуейхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | кхъуейуэ | кхъуейрауэ | кхъуейхэу | кхъуейхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Шэ гъэхуэбам лъатэпс ирату (хакӀэу) зыкъомрэ щагъэта нэужь, абы къыхакъузыкӀ шхыныгъуэ.
ЩАПХЪЭХЭР
- Ӏэнэм ху хьэлӀамэ, кхьуей, лы телъщ. КъардэнгъущӀ Зырамыку
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- кхъуей: cheese
УРЫСЫБЗЭ
- кхъуей: сыр
псалъафэ зэпыщӀахэр
Кхъуей хэхын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: make, produce cheese Урысыбзэ: делать сыр. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Фызыжьым кхъуей хихыу шэнт лъахъшэм тест. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
кхъуей кӀадэ
Мыхьэнэ: Кхъуей изу зэрылъ чей. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: a small tub filled of cheese Урысыбзэ: кадка, наполненная сыром Псалъэ зэпхахэр: Кхъуей кӀадэр уныкъун. Щапхъэхэр:
кхъуей кӀэпыбз
Мыхьэнэ: Кхъуей хахагъащӀэм и нэзым къыгуагъэжа бзыгъэ цӀыкӀу. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: the cut of edges of young (not fully cured) cheese Урысыбзэ: срезанные края молодого сыра Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: СыщыцӀыкӀум си анэм кхъуей щыхихкӀэ, кхъуей кӀэпыбз къызитырт. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
кхъуей лъалъэ
-
кхъуей лъалъэ
Мыхьэнэ: Хьэлывэдэлъхьэ, дэлэндэлъхьэ ящӀыну шэ гъэубэнджам къыхах кхъулэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: quark, curd cheese Урысыбзэ: творог Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
кхъуей плъыжь
Мыхьэнэ: Чий цӀыкӀум телъу плъыжь хъуху ягъэгъу щӀэмыху кхъуей (ижь лъандэрэ адыгэм ящӀ). НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: Kabardian smoked cheese Урысыбзэ: кабардинский копчёный сыр Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
кхъуей хьэлывэ
Мыхьэнэ: Кхъуей лъалъэ дэлъу гъэжьа тхьэвхэкӀ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: a little cheese pie Урысыбзэ: пирожок с сыром Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Езым [анэнэпӀэсым] и пхъум кхъуей хьэлывэ иригъэшхмэ, Ӏэнэм имыгъэтӀысу абы ФатӀимэт цӀыкӀум шыгъу хьэлывэ къыӀэщӀилъхьэрт. Адыгэ таурыхъхэр, сборник
кхъуей цӀынэ
Мыхьэнэ: Кхъуей хэхагъащӀэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: young (uncured) (fresh) cheese Урысыбзэ: молодой (свежий) сыр Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
кхъуей шыпс
Мыхьэнэ: Кхъуейр зэӀымыхьэн щхьэкӀэ зыхалъхьэ шэжыпс шыугъэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: salted whey for keeping cheese in Урысыбзэ: солёная сыворотка, в которой хранится сыр Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.