Wt/kbd/куэду
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: НАРЕЧИЕ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['kʷɐdu:]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [куэд] + -у
МЫХЬЭНЭ
- ИкъукӀэ.
- Зыбжанэу, зыкъому.
ЩАПХЪЭХЭР
- Испыхэр шыгъупӀастэрэ фадэкӀэ куэду хуэщӀахэу, хьэщӀэкӀэ фӀыуэ апхуэдэт. Нартхэр
- А зэманым зэхалъхьа усэхэм гъыбзэр куэду хэтщ. Теунэ Хьэчим
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 77 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Къат зыбжанэу зэтет унэхэр Налшык куэду дэтщ. | Есть много многоэтажных домов в Нальчике. | There are a lot of multi-storied buildings in Nalchik. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- куэду: 1. very 2. in large quantity
УРЫСЫБЗЭ
- куэду: 1. очень 2. в большом количестве
псалъафэ зэпыщӀахэр
Куэду фӀыщ
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: excellent, very good; so much the better. Урысыбзэ: отлично, очень хорошо; тем лучше. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: — Ерэхьу, си хъыджэбз, ерэхъу, куэду фӀыщ, тӀэкӀу едзакъэ! — [жеӀэ Софят и анэм]. ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.