Wt/kbd/зэхэлъхьэн
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [zɐxɐɬ'ħɐn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зэ- + хэ- + [лъхь] + -э + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "зэхэлъхьэн"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Зыгуэрхэр зэхэлъу зы щӀыпӀэ щыгъэтӀылъын е зыгуэрым илъхьэн.
- Зэхэлъытэн, зэхэбжэн.
- Зыгуэрхэр зэхэгъэзэрыхьауэ зэӀыщӀауэ зы щӀын (п. п. хущхъуэ сыт хуэдэ).
- Унагъуэ, цӀыху щхьэхуэ-щхьэхуэхэм яйр, яӀэщӀэлъыр зы щӀауэ псоми зэдай, я мылъку зэхэлъ щӀын; Ӏуэху гуэр щхьэкӀэ (п. п. ахъшэ) зэхуэхьэсын.
- Зыгуэр къэгупсысын, тхын.
- ЕхьэлӀэн, зэхуэхьэсын (п. п. къару псори).
ЩАПХЪЭХЭР
- [Мусэ:] - Къуажэм шыгурэ выгуу дэтыр зэхыдолъхъэ. Акъсырэ Залымхъан
- Зауэ къэхъуамэ, джэгуакӀуэхэмрэ сыринапщэхэмрэ зауэлӀхэр къызэщӀэзыӀэтэ усэхэмрэ псалъэхэмрэ зэхалъхьэрт. Нэгумэ Шорэ
- Жэмал и къару псори зэхелъхьэ, и пщэр хешри мэгуо. Къашыргъэ ХьэпащӀэ
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- ЖьыщӀыгъэ зэхэлъхъэн.
- Бжыгъэхэр зэхэлъхьэн.
- Хущхъуэ зэхэлъхьэн.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зэхэлъхьэн: 1. Mix or stir sth together (about many things) 2. add one number to another, do an addition 3. prepare (e.g. medicine, paint, etc.) 4. jointly contribute to sth, 5. compose, write, author sth (e.g. song, poems) 6. muster, collect (e.g. strength, might), strain
- ЖьыщӀыгъэ зэхэлъхъэн: stir the washing
- Бжыгъэхэр зэхэлъхьэн: add numbers
- Хущхъуэ зэхэлъхьэн: prepare medicine
УРЫСЫБЗЭ
- зэхэлъхьэн: 1. смешать, перемешать что-л. вместе (о многом) 2. прибавить одно число к другому, произвести сложение 3. приготовить (напр. лекарство, краску и т.п.) 4. сложиться, устроить складчину 5. сочинить, сложить, составить что-л. (напр. песню, стихи) 6. собрать, напрячь (напр. силы)
- ЖьыщӀыгъэ зэхэлъхъэн: перемешивать стирку
- Бжыгъэхэр зэхэлъхьэн: складывать числа
- Хущхъуэ зэхэлъхьэн: приготовлять лекарство
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.