Wt/kbd/зэтехуэн
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [zɐte:'xʷɐn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зэ- + те- + [ху] + -э + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэмыӏэс "зэтехуэн"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- ӀуэхугъуитӀ, щы е нэхъыбэ зы зэманым къэхъун.
- Зэдэхъун, зэдекӀун.
- Зэхуэзэн, зэщхьэшымыкӀын.
ЩАПХЪЭХЭР
- Астемыр шыр щиутӀыпщымрэ хьэжым башыр щиӀэтымрэ зэтехуэри шыр щилъым, хьэжым и хьэжьцей щхъуантӀэм ятӀэр хьэлэчу къриупцӀащ. КӀыщокъуэ Алим
- [Джырандыкъуэ] мыпсынщӀэ-мыхуэму, лъэбакъуэ ичымрэ и бэуэкӀэмрэ зэтехуэу.. кӀуэрт. Теунэ Хьэчим
- Мыбы [Сосрыкъуэ] щхьэкӀэ зэтемыхуэу хъыбар куэд щыӀэщ. Нэгумэ Шорэ
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зэтехуэн: 1. happen the same time, simultaneously; coincide in time (about events, phenomena, etc.) 2. move in time (with music) 3. coincide, correspond with
УРЫСЫБЗЭ
- зэтехуэн: 1. произойти одновременно, совпасть во времени (о событиях, явлениях и т.п.) 2. двигаться в такт 3. совпадать, соответствовать
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.