Wt/kbd/зэман
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
< хьэрыпыбзэ: زمن = зэман
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [zɐ'mɑ:n]
{{Wt/kbd/лъабжьэ|kbd|пс-лъабжьэ=[зэман]}
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | зэман | зэманыр | -- | зэманхэр |
Эргативнэ: | зэман | зэманым | -- | зэманхэм |
Послеложнэ: | зэманкӀэ | зэманымкӀэ | зэманхэкӀэ | зэманхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | зэману | зэманырауэ | зэманхэу | зэманхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Дунейм къыщыхъу, щекӀуэкӀ, тет псоми я щыӀэныгъэм и кӀыхьагъыу илъэс, мазэ, махуэ, сыхьэт, дакъикъэ сыт хуэдэхэмкӀэ къалъытэр.
- ЦӀыхухэм, лъэпкъым, къэралым я гъащӀэм ехьэлӀа Ӏуэхугъуэ гуэрым и лъэхъэнэ.
- Глаголым къиӀуатэ лэжьыгъэр, псалъэр щыжаӀэ уахътым е нэгъуэщӀ зы уахъты гуэрым зэрыхущыт щӀыкӀэр къэзыгъэлъагъуэ глагол формэ.
ЩАПХЪЭХЭР
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 82 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Гъатхэр гъэмахуэм япэ ит зэманщ. | Весна – время, предшествующее лету. | Spring is the season that comes before summer. |
нап. 87 | ||
Бжьыхьэ зэманщ. | Сейчас осень. | It is autumn. |
нап. 107 | ||
Сыт зэман хадэ щащӀэр? | Когда занимаются огородом. | When do people work in the garden? |
нап. 115 | ||
Зэман куэд дэкӀынщ, абыхэм кхъужь къапымыкӀэурэ. | Пройдет много времени и груши на них не будут расти. | A long time will pass without any pears growing on them. |
нап. 118 | ||
Зэман куэдкӀэ абыхэм загъэпсэхунущ. | Они будут долго отдыхать. | They will rest for a long time. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Зауэ зэман.
- Пащтыхьым и зэман.
- Зэман бзаджэ.
- Пасэ зэман.
- Ит зэман.
- БлэкӀа зэман.
- КъэкӀуэну зэман.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зэман: 1. time (duration) 2. time, period, epoch, era 3. tense (gram.)
- Зауэ зэман: wartime
- Пащтыхьым и зэман: the tsarist epoch
- Зэман бзаджэ: evil times
- Пасэ зэман: ancient times
- Ит зэман: present tense
- БлэкӀа зэман: past tense
- КъэкӀуэну зэман: future tense
УРЫСЫБЗЭ
- зэман: 1. время (длительность) 2. время, период, эпоха 3. время
- Зауэ зэман: военное время
- Пащтыхьым и зэман: царская эпоха
- Зэман бзаджэ: недобрые времена
- Пасэ зэман: древние времена
- Ит зэман: настоящее время (грам.)
- БлэкӀа зэман: прошедшее время (грам.)
- КъэкӀуэну зэман: будущее время (грам.)
псалъафэ зэпыщӀахэр
А зэманым
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: at that time, in those times Урысыбзэ: в то время, в те времена. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Ди усакӀуэр а зэманым жанащ. ПащӀэ Бэчмырзэ
И зэманым
Мыхьэнэ: вовремя. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: on time Урысыбзэ: вовремя. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: И зэманым хэпсар хьэсэпэм къыщожьэ. Псалъэжьхэр
И зэману
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: on time Урысыбзэ: вовремя Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
Зы зэман [зэ]
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: at last, finally, in the end Зы зэман [зэ] игу къэкӀыжащ. At last he came back. Урысыбзэ: наконец, в конце концов. Зы зэман [зэ] игу къэкӀыжащ. Наконец он приехал. Псалъэ зэпхахэр: Зы зэман [зэ] игу къэкӀыжащ. Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.