Wt/kbd/зэкӏэлъыкӏуэн

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > зэкӏэлъыкӏуэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [zɐtʹʂɐɬǝ'kʹʷɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • зэ- + кӀэлъы- + [кӀу] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. Къытебгъазэурэ тӀэу-щэ е нэхъыбэрэ зыщӀыпӀэ кӀуэн.
  2. ЗэкӀэлъхьэужьу щытын, зым и ужь адрейр итын.
  3. Зым и деж зыр кӀуэн, зэрылъагъуу, зэкӀэлъихьэу щытын.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Апхуэдэурэ сэ махуибгъукӀэ сызэкӀэлъыкӀуащ. Черкес таурыхъхэр, сборник
  • МурадыфӀ куэд яӀащ Темыр-сулътӀанрэ Темболэтрэ.. я унэ кӀуэжынхэу, фыз къашэну, итӀанэ зэныбжьэгъуфӀхэу, зэкӀэлъыкӀуэу, зэрылъагъуу зэдэпсэуну. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
  • Нарт Сосрыкъуэрэ нарт Щэбэтыкъуэрэ зэшыпхъуитӀым къалъхуащ, зэщауэгъуу зэкӀэлъыкӀуэу щытащ. ӀуэрыӀуатэ, фольклор

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • зэкӏэлъыкӏуэн: 1. go swh (walking, riding or driving) several times in a row 2. be, follow one after the other in sequence or order 3. visit each other, go calling on each other
УРЫСЫБЗЭ
  • зэкӏэлъыкӏуэн: 1. съездить, сходить куда-л. несколько раз подряд 2. располагаться, следовать друг за другом 3. ходить друг к другу в гости, навещать друг друга

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.