Wt/kbd/зэгъэзэхуэн
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [zɐʁɐzɐ'xʷɐn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зэ- + е- + гъэ- + [зэху] + -э + -н]
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "зэгъэзэхуэн"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Щхьэж хуэфашэ щӀыпӀэ етын, зэгъэкӀун.
- Гъэтэрэзын, гъэтэмэмын.
- Ӏисраф мыщӀын, щысхьын.
ЩАПХЪЭХЭР
- - Къызэплъыт, лӀыжь, дауэ къыпщыхъурэ - къызэкӀурэ? - ..къеупщӀащ Залихьэ зигъэфэрыщӀу и бостейр зэригъэзахуэу. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)
- Дагъэгъэсыныр зэзымыгъэзахуэр, абы щхьэрыутӀыпщу хущытыныр Мурид игу техуэнкӀэ Ӏэмал иӀэтэкъым. ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Щыгъынхэр зэгъэзэхуауэ пхъуантэм дэлъщ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зэгъэзэхуэн: 1. tidy, put in order 2. correct, fix or straighten sth. 3. use or consume sth sparingly or economically.
- Щыгъынхэр зэгъэзэхуауэ пхъуантэм дэлъщ: having been put in order, the clothes are lying in the suitcase.
УРЫСЫБЗЭ
- зэгъэзэхуэн: 1. привести что-л. в порядок 2. поправить, оправить что-л. 3. бережно расходовать, экономить что-л.
- Щыгъынхэр зэгъэзэхуауэ пхъуантэм дэлъщ: приведенная в порядок одежда лежит в чемодане.
псалъафэ зэпыщӀахэр
ГукӀэ зэгъэзэхуэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: estimate in your head Урысыбзэ: прикинуть в голове Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.