Wt/kbd/зыужьын
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [zǝu:'ʑǝn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зы- + [ужь] + -ы + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэмыӏэс "зыужьын"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- ЕфӀэкӀуэн, нэхъыфӀ хъун.
- Зыгуэрым хущӀэтэджэн, хьэзыр зыхуэщӀын.
ЩАПХЪЭХЭР
- Уэ ди гуащэжь, щӀэхыӀуэу тэджи зыужь. Нартхэр
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 95 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Уэшх къешхмэ, къэкӀыгъэхэм заужь, гъавэр бэв мэхъу. | Когда идёт дождь, растения развиваются, зерновые культуры становятся обильными. | When it rains, plants grow, crops become plentiful. |
нап. 98 | ||
Ди нэгу зиужьащ. | Нам было интересно. | We had a good time. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- ПсэукӀэм зиужьын.
- Хэкум зиужьын.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зыужьын: 1. develop, improve, get better 2. get ready, prepare
- ПсэукӀэм зиужьын: improve (one’s way of life)
- Хэкум зиужьын: develop (one’s motherland)
УРЫСЫБЗЭ
- зыужьын: 1. развиваться, совершенствоваться 2. собраться, приготовиться
- ПсэукӀэм зиужьын: развиваться, совершенствоваться (образ жизни)
- Хэкум зиужьын: развиваться (родина)
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.