Wt/kbd/зыкъэгъэлъэгъуэн
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭМЫӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [zǝqʹɐʁɐɬɐ'ʁʷɐn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зы- + къэ- + гъэ + [лъэгъу] + -э + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэмыӏэс "зыкъэгъэлъэгъуэн"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Сценэм къыщагъэлъагъуэ гуэрым (п. п. спектаклым) хэтын, щыджэгун.
- Укъалъагъун щхьэкӀэ зыщӀыпӀэ къыщыхутэн.
- ЗэфӀэкӀыныгъэ гуэр (п. п. хьэл, щэн, Ӏэзагъэ, лӀыгъэ) пхэлъу гъэлъэгъуэн.
ЩАПХЪЭХЭР
- Нэщанэхэр гъунэгъуу щымыта пэтми, топгъауэхэм шэрыуагъэ яӀэу зыкъагъэлъэгъуащ. Шортэн Аскэрбий
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Артистым фӀыуэ зыкъегъэлъагъуэ.
- ЩӀалэм зыкъигъэлъагъуэри кӀуэжащ.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зыкъэгъэлъэгъуэн: 1. perform, act (on the stage) 2. appear, be seen swh 3. demonstrate your abilities in sth, show what you can do
- Артистым фӀыуэ зыкъегъэлъагъуэ: the actor performs (acts) well.
- ЩӀалэм зыкъигъэлъагъуэри кӀуэжащ: the boy appeared, then went away again.
УРЫСЫБЗЭ
- зыкъэгъэлъэгъуэн: 1. играть (на сцене) 2. показаться, появиться где-л. 3. проявить, показать себя в чём-л., каким-л.
- Артистым фӀыуэ зыкъегъэлъагъуэ: Артист хорошо выступает.
- ЩӀалэм зыкъигъэлъагъуэри кӀуэжащ: Мальчик появился, затем снова ушел.
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.