Wt/kbd/зехуэн
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӀЭС
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ze:'xʷɐn]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- зэ- + е- + [ху] + -э + -н
СПРЯЖЕНЭ
Глагол лъэӏэс "зехуэн"-м и спряженэ
МЫХЬЭНЭ
- Зыгуэр къехуэкӀын, мыгъэтыншын.
- Ӏэщ, джэдкъаз гъэхъун, Ӏыгъын.
- Гу, трактор, машинэ сыт хуэдэхэр зегъэкӀуэн, абыхэм ирилэжьэн.
- Зыгуэр щӀэн, лэжьын, зыгуэрым и ужь итын.
- Зыгуэрым пэубыдынӀа, ерыщу яужь итын.
ЩАПХЪЭХЭР
- Зэрахуэу щыта пэтми, тхэныр щимыгъэту усэщӀэхэр, уэрэдыщӀэхэр абы [Бэчмырзэ] зэхилъхьащ. ПащӀэ Бэчмырзэ
- МэкъумэшыщӀэхэм Ӏэщ зэрахуэ хъуртэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэщ зепхуэн щхьэкӀэ, щӀы куэд уиӀэн хуейт. Ижьрей дунейм и историе, учебник
- Ауэ лӀыжьыр ярейт къыхуалъхуами выгу зехуэным. Елгъэр Кашиф
- Хъуэжэ, гуэным и ӀункӀыбзэр къызэт жеӀэри, и фызыр хигъэзыхъауэ зэрехуэ. ӀуэрыӀуатэ, фольклор
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Ӏуэху зехуэн.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- зехуэн: 1. persecute, harass someone 2. raise, rear (cattle, poultry) 3. drive, operate or conduct sth 4. do sth, busy yourself with sth 5. pester or bother sb with sth (for example, with an insistent request)
- Ӏуэху зехуэн: conduct business, be busy with some affair
УРЫСЫБЗЭ
- зехуэн: 1. подвергать гонению, преследовать кого-л. 2. выращивать, растить (скот, птицу) 3. водить что-л., управлять чем-л. 4. заниматься чём-л., делать что-л. 5. донимать кого-л. чем-л. (напр. настойчивой просьбой)
- Ӏуэху зехуэн: вести дело
псалъафэ зэпыщӀахэр
Лъэужь зехуэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: find sb’s tracks, get on sb’s trail Урысыбзэ: напасть на чей-л. след Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
[И] щхьэ хуэфӀын зехуэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: do sth useful for yourself Урысыбзэ: заниматься полезным для себя делом Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
[И] щхьэ Ӏуэху зехуэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: go about your own business Урысыбзэ: заниматься своими делами Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.