Wt/kbd/дуней

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > дуней

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

< хьэрыпыбзэ: الدنيا = дуней

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [du:'ne:j]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • [дуней]

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: дуней дунейр -- дунейхэр
Эргативнэ: дуней дунейм -- дунейхэм
Послеложнэ: дунейкӀэ дунеймкӀэ дунейхэкӀэ дунейхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: дунейуэ дунейрауэ дунейхэу дунейхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Уафэмрэ щӀылъэмрэ я зэхуакум щыӀэ псори; щӀы хъурейр.
  2. ГъащӀэ.
  3. Зэман пыухыкӀам, щӀыпӀэ хэхам ехьэлӀауэ атмосферэм и щытыкӀэр.
  4. Зыгуэр нэхъ хэкъузауэ щыжаӀэкӀэ къагъэсэбэп частицэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • И адэшхуэр зэрылӀар езым и гуауэм къыхыхьэжауэ, Зырамыку хуабжьу нэщхъейт, дунейр фӀэӀэфӀыжтэкъым. Теунэ Хьэчим
  • ЛӀыжьым къыдэгузавэ щӀыкӀэу дунейр кӀагъэпшагъэщ, нэщхъейщ. Ӏуащхьэмахуэ, журнал (художественный)

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Дунейр мамыру щытыным щӀэкъун.
  • Дунейр щӀыӀэщ.
  • Дунейм сыт ар зищӀысыр? Дунейм сыт и Ӏэмал?!
  • Дунеижь
  • дунеишхуэ

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

УРЫСЫБЗЭ
  • дуней: 1. world, universe, Earth 2. life (in this world) 3. weather 4. ever, for goodness’ sake, on earth, in the world (as a particle reinforcing a statement)
  • Дунейр мамыру щытыным щӀэкъун: strive for peace in the world.
  • Дунейр щӀыӀэщ: the weather is cold.
  • Дунейм сыт ар зищӀысыр? Дунейм сыт и Ӏэмал?!: What in the word does it mean? What on earth is this kind of way (means)?
  • Дунеижь: The Universe in the beginning after its creation by the Net (Хъы)
  • дунеишхуэ: the big world
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
УРЫСЫБЗЭ
  • дуней: 1. мир; вселенная; земля 2. жизнь (земная) 3. погода 4. же, ж (в функции усилительной частицы)
  • Дунейр мамыру щытыным щӀэкъун: стремиться к миру в мире.
  • Дунейр щӀыӀэщ: погода холодная
  • Дунейм сыт ар зищӀысыр? Дунейм сыт и Ӏэмал?!: Что же это значит? Что же это за способ?
  • Дунеижь: первозданная вселенная сразу после ее создания Сетью (Хъы).
  • дунеишхуэ: большой мир

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.