Wt/kbd/гыныху
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
гыныху
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [ɣǝ'nǝxʷ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [гын] + -ы + [ху]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | гыныху | гыныхур | -- | гыныхухэр |
Эргативнэ: | гыныху | гыныхум | -- | гыныхухэм |
Послеложнэ: | гыныхукӀэ | гыныхумкӀэ | гыныхухэкӀэ | гыныхухэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | гыныхуу | гыныхурауэ | гыныхухэу | гыныхухэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Илъэс бжыгъэкӀэ къагъэкӀ, зи лъабжьэр шхынхэлъхьэу къагъэсэбэп удз лъэпкъ (Pastinaca sativa).
ЩАПХЪЭХЭР
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 53 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Нанэрэ сэрэ гыныху хэтсащ. | Бабушка и я посадили пастернак. | Grandmother and I have planted some parsnip. |
Мис гыныхур. | Вот пастернак. | Here is the parsnip. |
Гыныхур сырщ. | Пастернак острый. | The parsnip is hot. |
Гыныхум и мэр дахэщ. | У пастернака красивый запах. | Parsnip has a pleasant aroma. |
Гыныхур сэбэпщ. | Пастернак полезный. | Parsnip is good for you. |
Мыр гыныхущ. | Это пастернак. | This is parsnip. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- гыныху: parsnip
УРЫСЫБЗЭ
- гыныху: пастернак посевной
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.