Wt/kbd/гъэӏэпхъуэн

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > гъэӏэпхъуэн

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ГЛАГОЛ ЛЪЭӏЭС

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA [ʁɐʔɐp'χʷɐn]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • гъэ- + [ӏэпхъу] + -э + -н

СПРЯЖЕНЭ

МЫХЬЭНЭ

  1. ӏэпхъуэн псалъэм и каузатив.
  2. Зы щӏыпӏэ ихыу нэгъуэщӏ щӏыпӏэ хьыуэ зыгуэр щыхэсэн (п. п. жыг, удз).
  3. Зыгуэр зы щӏыпӏэ ихыу нэгъуэщӏ щӏыпӏэ гъэкӏуэтэн, гъэувын; зыгуэр нэгъуэщӏ щӏыпӏэ хьын, шэн.

ЩАПХЪЭХЭР

  • Псы здэщымыӏэм щыпсэу адыгэ жылэхэр псы ӏуфэхэм ягъэӏэпхъуат. ӀуэрыӀуатэ, фольклор

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • Жыг гъэӏэпхъуэн.
  • Пкъор гъэӏэпхъуэн.
  • Пщыӏэр гъэӏэпхъуэн.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • гъэӏэпхъуэн: 1. causative for ӏэпхъуэн: make sb move house 2. transplant sth (for example, a tree) 3. move to, rearrange sth in another place; transport, transfer sb or sth from one place to another
  • Жыг гъэӏэпхъуэн: transplant a tree
  • Пкъор гъэӏэпхъуэн: move a post from one place to another
  • Пщыӏэр гъэӏэпхъуэн: move an encampment
УРЫСЫБЗЭ
  • гъэӏэпхъуэн: 1. каузатив к ӏэпхъуэн: заставить переселиться 2. пересадить что-л. (напр. дерево) 3. передвинуть, переставить что-л. на другое место; перевезти, перенести кого-что-л. с одного места на другое
  • Жыг гъэӏэпхъуэн: пересадить дерево
  • Пкъор гъэӏэпхъуэн: передвинуть столб
  • Пщыӏэр гъэӏэпхъуэн: перенести временное жилище

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.