Wt/kbd/гъащӏэ

From Wikimedia Incubator
< Wt‎ | kbd
Wt > kbd > гъащӏэ

АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)

ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ

ЭТИМОЛОГИЕ

КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ

  • IPA ['ʁɑ:ɕʹɐ]

ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ

  • гъа- + [щӀ] + -э

СКЛОНЕНЭ

Закъуэ бжьыгъэ Куэд бжьыгъэ
Мыбелджылы Белджылы Мыбелджылы Белджылы
Именительнэ: гъащӀэ гъащӀэр -- гъащӀэхэр
Эргативнэ: гъащӀэ гъащӀэм -- гъащӀэхэм
Послеложнэ: гъащӀэкӀэ гъащӀэмкӀэ гъащӀэхэкӀэ гъащӀэхэмкӀэ
Обстоятельственнэ: гъащӀэу гъащӀэрауэ гъащӀэхэу гъащӀэхэрауэ

МЫХЬЭНЭ

  1. Псэуныгъэ.
  2. ЦӀыхур е псэущхьэр къыщалъхуамрэ щылӀэжамрэ яку дэлъ зэман.
  3. Дуней тетыкӀэ.

ЩАПХЪЭХЭР

  • ГъащӀэ зиӀэм уахътыи иӀэщ. Псалъэжьхэр
  • Нартхэ я мэлыхъуэжь Амыщ сабийуэ къыщӀидзэри и гъащӀэ псор мэлыхъуэу ихьащ. Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр, сборник
  • Къазий-Мухьэмэд зыхущӀэкъур диныр бгырысхэм я псэукӀэ псом хипщэну, гъащӀэм, лэжьыгъэм, цӀыхупсэм.. тепщэ хуищӀыну арт. Шортэн Аскэрбий
  • ГъащӀэм декӀур лӀыфӀщ. Псалъэжьхэр

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР

  • ГъащӀэ кӀэщӀ.
  • ГъащӀэ насыпыфӀэ.

НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР

ИНДЖЫЛЫБЗЭ
  • гъащӏэ: 1. life 2. life, the period that something exits 3. way or means of existence (people)
  • ГъащӀэ кӀэщӀ: short life
  • ГъащӀэ насыпыфӀэ: happy life
УРЫСЫБЗЭ
  • гъащӏэ: 1. жизнь 2. жизнь, период существования кого-л. 3. образ, способ существования (людей)
  • ГъащӀэ кӀэщӀ: короткая жизнь
  • ГъащӀэ насыпыфӀэ: счастливая, удачливая жизнь

БИБЛИОГРАФИЕ

  • Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
  • БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
  • БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
  • Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
  • Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
  • Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
  • Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
  • Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
  • Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.