Wt/kbd/гъатхэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
гъатхэ
-
гъатхэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['ʁɑ:txɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [гъатх] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | гъатхэ | гъатхэр | -- | гъатхэхэр |
Эргативнэ: | гъатхэ | гъатхэм | -- | гъатхэхэм |
Послеложнэ: | гъатхэкӀэ | гъатхэмкӀэ | гъатхэхэкӀэ | гъатхэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | гъатхэу | гъатхэрауэ | гъатхэхэу | гъатхэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- ЩӀымахуэм къыкӀэлъыкӀуэу гъэм и лъэхъэнэ.
ЩАПХЪЭХЭР
- Гъатхэ дыгъэ си нысэ къытипси, бжьыхьэ дыгъэр сипхъу къытипсэ. Псалъэжьхэр
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 82 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Гъатхэр къихьащ. | Наступила весна. | Spring has come. |
Псоми гъатхэ лэжьыгъэм зыхуагъэхьэзыр. | Все готовятся к весенним работам. | Everybody is getting ready for their spring labours. |
Гъатхэр гъэмахуэм япэ ит зэманщ. | Весна – время, предшествующее лету. | Spring is the season that comes before summer. |
Гъатхэм жыгхэр къогъагъэ. | Весной деревья цветут. | In spring, the trees blossom. |
Гъатхэм дунейр сыт хуэдэ? | Какова погода весной? | What is the weather like in spring? |
нап. 83 | ||
Гъатхэр еух. | Весна заканчивается. | Spring is ending. |
нап. 90 | ||
Бадзэр бжьыхьэм деж мэжейри гъатхэм къоушыж. | Осенью мухи засыпают и просыпаются весной. | Flies go to sleep in autumn and in spring they wake up. |
нап. 104 | ||
Гъатхэр къосри, удзхэр къокӀ. | Наступает весна, травы растут. | Spring arrives, the plants are growing. |
нап. 107 | ||
Гъатхэм хадэ ящӀэ. | Весной занимаются огородом. | In spring people work in the garden. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- гъатхэфӀ
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- гъатхэ: spring (season)
- гъатхэфӀ: a nice, kind spring
УРЫСЫБЗЭ
- гъатхэ: весна
- гъатхэфӀ: хорошая, добрая весна
псалъафэ зэпыщӀахэр
Гъатхэ техьэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: to successfully spend or survive the winter. Урысыбзэ: благополучно перезимовать. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.