Wt/kbd/губжь
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [gʷǝbʑ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [губжь]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | губжь | губжьыр | -- | губжьхэр |
Эргативнэ: | губжь | губжьым | -- | губжьхэм |
Послеложнэ: | губжькӀэ | губжьымкӀэ | губжьхэкӀэ | губжьхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | губжьу | губжьырауэ | губжьхэу | губжьхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Хуабжьу узэрызэгуэпам, узэрыбэмпӀам къыуит щытыкӀэ.
ЩАПХЪЭХЭР
- — Ар дауэ хъун, зиунагъуэрэ? — нэхъри нэхъ зэтежащ ефэндым и Ӏупэ пӀащӀэр, ауэ а гуфӀэкӀэм губжь къызэрыхэкӀынур и нэ закъуэм къиӀуатэу. Шортэн Аскэрбий
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- губжь: anger, wrath, rage, ire, fury
УРЫСЫБЗЭ
- губжь: гнев
псалъафэ зэпыщӀахэр
Губжь тегъэщэхэн
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: bring down one’s wrath on someone. Урысыбзэ: обрушить гнев на кого-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: А зыр [абрэджу щыщытам зэрыригъэубыдар] ирикъуни Жыраслъэн и губжь Тинэ тригъэщэхэну. КӀыщокъуэ Алим
Губжьыр гъэтӀысын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: calm sb’s anger. Урысыбзэ: унять гнев. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
[И] губжьыр текъутэн (телъхьэн)
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: bring down one’s wrath on someone. Урысыбзэ: обрушить гнев на кого-л. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Хьэм и губжьыр кхъуэм трелъхьэ. Псалъэжьхэр
Губжьыр теун
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: calm down, stop being angry Урысыбзэ: успокоиться, перестать злиться, сердиться, гневаться. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: И губжьыр нэхъ теуа нэужь, Аслъэнджэрий езым и гъуэлъэгъу Алий цӀыкӀур къызэримыгъэушыным хуэсакъыу гъуэлъыжащ. Къэрмокъуэ Мухьэмэд
[И] губжьыр тӀысын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: calm down, stop being angry Урысыбзэ: успокоиться, перестать злиться, сердиться, гневаться. Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.