Wt/kbd/бжьыныху
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
бжьыныху
-
бжьыныху
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [bʑǝ'nǝxʷ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [бжьын] + -ы + [ху]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | бжьыныху | бжьыныхур | -- | бжьыныхухэр |
Эргативнэ: | бжьыныху | бжьыныхум | -- | бжьыныхухэм |
Послеложнэ: | бжьыныхукӀэ | бжьыныхумкӀэ | бжьыныхухэкӀэ | бжьыныхухэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | бжьыныхуу | бжьыныхурауэ | бжьыныхухэу | бжьыныхухэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Бжьыным ешхь хадэ къэкӀыгъэ, езыр сыру, мэ гуащӀэ иӀэу, и щхьэр хьэдзэ цӀыкӀу-цӀыкӀуурэ зэкӀэщӀэсу.
ЩАПХЪЭХЭР
- Бжьыныхур хущхъуэщ, бжьыныщхъуэр щхъухьщ. Псалъэжьхэр
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 61 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Мыр бжьыныхущ. | Это чеснок. | This is garlic. |
нап. 63 | ||
Абы бжьыни, бжьыныхуи, фонащи итщ. | В нем лук, чеснок и дыни стоят. | There are onions, garlic and melons in it. |
нап. 86 | ||
Дэ хадэм бжьынрэ бжьыныхурэ щыхэтсащ. | Мы посадили лук и чеснок на огороде. | We have planted onions and garlic in the garden. |
Бжьыныхури бжьынри къыхэжащ. | Чеснок и лук поросли. | The garlic and the onions have started growing. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
- Бжьыныху хьэсэ.
- Бжьыныху уба.
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- бжьыныху: garlic
- Бжьыныху хьэсэ: garlic patch
- Бжьыныху уба: grated garlic
УРЫСЫБЗЭ
- бжьыныху: чеснок
- Бжьыныху хьэсэ: чесночная грядка
- Бжьыныху уба: тёртый чеснок
псалъафэ зэпыщӀахэр
бжьыныху шыпс
Мыхьэнэ: Бжьыныху убам шху, шатэ е лэпс хэту щӀа шыпс. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: garlic sauce Урысыбзэ: чесночный соус Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
бжьыныху щхьэхъурей
Мыхьэнэ: ГъэмахуэкӀэм, е бжьыхьэм къыхыумыхыжмэ кӀуэсэж бжьыныху лӀэужьыгъуэ, и щхьэр зэкӀэщӀэмысу зы хьэдзэшхуэу. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: self-seeding garlic Урысыбзэ: чеснок-самосев Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.