Wt/kbd/бдзэжьей
Wt/kbd/бдзэжьей
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
бдзэжьей
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA [bdzɐ'ʑe:j]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [бдз] + -э + [жьей]
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | бдзэжьей | бдзэжьейр | -- | бдзэжьейхэр |
Эргативнэ: | бдзэжьей | бдзэжьейм | -- | бдзэжьейхэм |
Послеложнэ: | бдзэжьейкӀэ | бдзэжьеймкӀэ | бдзэжьейхэкӀэ | бдзэжьейхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | бдзэжьейуэ | бдзэжьейрауэ | бдзэжьейхэу | бдзэжьейхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Псым хэс, тхы къупщхьэ зиӀэ псэущхьэ, и кӀэмажьэмрэ и бгъуитӀым иӀэ мажьэхэмкӀэ есу.
ЩАПХЪЭХЭР
- Бдзэжьей ещэным сыдихьэхауэ къэскӀухъурэ, къуэлэн хэзу зыхэс псыщхьэхэм мы зэм сымыкӀуэу, нэхъ гъуэгуанэ кӀыхъ зэпысчри Лабэ ЦӀыкӀу сыкъыщыхутащ. КӀэрашэ Тембот
Зэреджэ тхылъхэм къраха щапхъэхэр
Адыгэбзэ, Гугъуэт Л. Т., Зэхъуэхъу Л. Хь, | «Эльбрус» тхылъ тедзапӀэ, Налшык, 1984 | нап. 91 |
---|---|---|
адыгэбзэ | урысыбзэ/русский | инджылыбзэ/English |
Псым бдзэжьей хэсщ. | В реке водится рыба. | There are fish in the river. |
Гъэмахуэм дэ бдзэжьей дощэ. | Летом мы ловим рыбу. | We catch fish in summer. |
Бдзэжьей ещэныр нэгузыужьщ. | Ловить рыбу интересно. | Catching fish is interesting. |
Дэ бдзэжьей дызэрещэр бдзэкъунтхщ. | Мы ловим рыбу удочкой. | We catch fish with a fishing rod. |
Темырыкъуэ сэрэ бдзэжьей дещащ. | Темырыко и я поймали рыбу. | Temyrykhwa and I have caught some fish. |
Дэнэ щыпсэурэ бдзэжьейр? | Где живёт рыба? | Where do fish live? |
Бдзэжьейр псым хэсщ. | В реке водится рыба. | Fish live in water |
нап. 114 | ||
КхъухьымкӀэ цӀыхухэр зокӀуэ, хьэлъэ зэрашэ, бдзэжьей къаубыд. | Люди плавают, грузы возят, и рыбу ловят с помощью кораблей. | People travel, transport cargoes and catch fish by ship. |
нап. 114 | ||
Абы бдзэжьей куэд къохьэ. | Много рыбы заходит в нее. | A lot of fish go into them. |
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- бдзэжьей: fish
УРЫСЫБЗЭ
- бдзэжьей: рыба
псалъафэ зэпыщӀахэр
бдзэжьей къуэлэн
-
бдзэжьей къуэлэн
Мыхьэнэ: Мэз щӀагъыпс, къуршыпс къабзэхэм хэс бдзэжьей мыин дыдэ, и щӀыфэм ӀэпапӀэ плъыжь хэпхъауэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: trout (fish) Урысыбзэ: форель Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
бдзэжьей плъыжь
-
бдзэжьей плъыжь
Мыхьэнэ: Зи кӀэмажьэ, бдзэмажьэхэр плъыжьу щыт бдзэжьей лъэпкъ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: common rudd Урысыбзэ: краснопёрка Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
бдзэжьей хугу
Мыхьэнэ: Бдзэжьейм ипхъ хугу, бдзэжьей шэжыгъэкӀэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: caviar, fish eggs Урысыбзэ: икра (рыбья) Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.