Wt/kbd/афэ
АДЫГЭБЗЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭСЫБЗЭ)
-
афэ
ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ: ЩЫӀЭЦӀЭ
ЭТИМОЛОГИЕ
КЪЭПСЭЛЪЫКӀЭ
- IPA ['ɐfɐ]
ПСАЛЪЭ ЛЪАБЖЬЭ
- [аф] + -э
СКЛОНЕНЭ
Закъуэ бжьыгъэ | Куэд бжьыгъэ | |||
---|---|---|---|---|
Мыбелджылы | Белджылы | Мыбелджылы | Белджылы | |
Именительнэ: | афэ | афэр | -- | афэхэр |
Эргативнэ: | афэ | афэм | -- | афэхэм |
Послеложнэ: | афэкӀэ | афэмкӀэ | афэхэкӀэ | афэхэмкӀэ |
Обстоятельственнэ: | афэу | афэрауэ | афэхэу | афэхэрауэ |
МЫХЬЭНЭ
- Жыр тхьэгъу цӀыкӀуурэ зэрылъу щӀа джанэ (Ӏэщэм зыщахъумэн папщӀэ пасэ зэманым зауэлӀхэм зыщатӀагъэу щытащ).
ЩАПХЪЭХЭР
- Сосрыкъуэу си къан, Сосрыкъуэу си нэху, Зи мэӀуху дыщафэ, Афэр зи джанэ куэщӀ. Къэбэрдей поэзием и антологие
- Лъэпщ и ӀэщӀагъэщ си афэр. КӀыщокъуэ Алим
- Афэу дэ тщыгъым Ӏэщэр пэлъэщкъым. ПащӀэ Бэчмырзэ
ПСАЛЪЭ ЗЭПХАХЭР
НЭГЪУЭЩӀЫБЗЭКӀЭ ЗЭДЗЭКӀАХЭР
ИНДЖЫЛЫБЗЭ
- афэ: chain mail, chain armour
УРЫСЫБЗЭ
- афэ: кольчуга
псалъафэ зэпыщӀахэр
Афэр зэв къехъуэкӀын
Мыхьэнэ: НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: to be frightened, scared (feel as if you were in tight mail) Урысыбзэ: испугаться (букв. чувствовать себя как в тесной кольчуге). Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр:
афэ хэдзапӀэ
Мыхьэнэ: Псы Ӏуфэм щыщу щыжьыщӀэным хухаха щӀыпӀэ. НэгъуэщӀыбзэкӀэ зэдзэкӀахэр Инджылыбзэ: as special platform or place on a riverbank for washing clothes. Урысыбзэ: помост, специальное место на берегу, предназначенное для стирки Псалъэ зэпхахэр: Щапхъэхэр: Сэтэней гуащэ Псыжь и афэ хэдзапӀэм жьыщӀэу Ӏуст. Нартхэр
БИБЛИОГРАФИЕ
- Апажэ М. Л., КӀуэкӀуэ Ж. Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2008.
- БищӀо Б. Ч. Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ. Налшык: «Эльбрус», 2015.
- БищӀо Б. Ч., Къумыкъу Д. М., ТӀымыжь Хь. Т. ЕджапӀэхэм папщӀэ урыс-адыгэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 2013.
- Джаурджий Хь. З., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
- Къэбэрдей АССР-м и министрхэм я советым деж щыӀэ Къэбэрдей научно-исследовательскэ институт. Къардэн Б. М., БищӀэу А. Т. Урыс-къэбэрдей-шэрджэс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1955
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и министрхэм я советым и деж щыӀэ Къэбэрдей-балъкъэр научно-исследовательскэ институт. Апажэ М. Л., Багъ Н. А., Багъ П. М., Балъкъэр Б. Хь, КӀуэкӀуэ Ж. Н., ЖьэкӀэмыхъу Хь. Хь., Урыс Хь. Щ. Къэбэрдей-урыс словарь. Москва; Иностраннэ, национальнэ словархэр щытырадзэ государственнэ тхылъ тедзапӀэ, 1957
- Россием щӀэныгъэхэмкӀэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ центрым гуманитарнэ къухутэныгъэхэмкӀэ и институт. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва: «Дигора», 1999.
- Табухов Х. К. Толковый русско-кабардино-черкесский словарь. Нальчик: Издательлский центр «Эль-Фа», 2006.
- Шэрджэс Алий. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щӀыгъужыпхъэхэр. Налшык: Изд. КБИГИ, 2009.